4 цвета. 18. Адыгэбзэр фIагъ иIэуегъэджыным и дидактическэ принципхэр
Скачать 19.43 Kb.
|
18.Адыгэбзэр фIагъ иIэуегъэджыным и дидактическэ принципхэр. ЕгъэджакIуэм еджакIуэхэр щригъаджэкIэ, яригъэджым, езы егъэджакIуэм и щIэныгъэхэм, и творческэ зэфIэкIхэм, зыхунэса, зыIэригъэхьа есэныгъэхэм елъытакIэрэ, метод зэхуэмыдэхэр къегъэсэбэп. Егъэджыныр тещIыхьащ мыхэм: а) общедидактическэ принципхэм; б) езы предметым и щытыкIэ хэхахэм. Общедидактическэ принципхэм хохьэ мыхэр: научностыр, ядж темэхэр шэч къызытумыхьэжу щытыныр; зэпыу имыIэу, зэкIэлъыкIуэкIэ тэрэзым тету щIэныгъэр зыIэрыгъэхьэныр; щIэныгъэмрэ практикэмрэ зэпхыныр; адыгэбзэм и школ курсым и Iыхьэ псори зэпхауэ щытыныр (грамматикэмрэ орфографиемрэ, пунктуацэр, лексикэр, стилистикэр, н.); гурыIуэгъуэу джыныр; нэрылъагъуу щытыныр; еджакIуэхэм я ныбжьым хуэфащэу щIэныгъэхэр къыхэхыныр; дэтхэнэ еджакIуэми и зэфIэкIхэр къыхэлъытаурэ егъэджэныр; А принципхэр псори зыр зым епхыжауэ зэдолажьэ. А предмет псоми я зэхуэдэ принципхэм нэмыщIыжу, езы адыгэбзэм и щытыкIэ хэхахэм къешэ егъэджакIуэр зытетын хуей мы принципхэр: адыгэбзэр джынымрэ я гупсысэкIэм зегъэхъуэжынымрэ; бзэм и грамматическэ ухуэкIэмрэ литературэбзэм и псалъэхэмрэ зэрызэпхар; грамматикэр джынымрэ еджакIуэхэм я жьэрыIуатэбзэмрэ тхыбзэмрэ зегъэужьыныр зэрызэпхар; еджакIуэхэр адыгэ хабзэхэм щIэпIыкIыныр къызэфIигъэкIыу щытыныр; еджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ егъэджакIуэм зэдихьыныр; адыгэбзэр адрей предметхэм епхауэ джыныр; еджакIуэхэм я гупсысэкIэм, я бзэм зегъэужьыныр; бзэр къагурыIуэу, зыхэщIауэ джыныр. ИщхьэкIэ зи цIэ итIуа принципхэм ящыщ гуэрхэр еджэныгъэм къыхэмылъытэным щыуагъэ зэхуэмыдэхэр къишэнкIэ хъунущ, адыгэбзэри фIагъ иIэу джыным зэран хуэхъункIи. Абы къыхэкIыу, егъэджакIуэр а принципхэм псоми щыгъуазэу, еджэныгъэ процессым ахэр къызэрыхалъытэ, зэрыщамыгъэгъупщэ щIыкIэхэр тыншу и нэгу къыщIигъэхьэфу, дэтхэнэми и кIуэрабгъуэхэр къыхуигъуэтыфу щытын хуейщ. |