Главная страница
Навигация по странице:

  • ТЕКСТЫМ ЩIЫГЪУ ЛЭЖЬЫГЪЭХЭР

  • курсы ноябрь 3. Лэжьыгъэр Щокъарэ Эммэ ейщ


    Скачать 46 Kb.
    НазваниеЛэжьыгъэр Щокъарэ Эммэ ейщ
    Дата01.10.2022
    Размер46 Kb.
    Формат файлаdoc
    Имя файлакурсы ноябрь 3.doc
    ТипДокументы
    #708004

    Лэжьыгъэр Щокъарэ Эммэ ейщ.

    Текст

    1. Пщым (Амыщ) езым и IэкIэ Алъп игъэкъабзэрт. 2. Япэ щIыкIэ мэкъу гъущэкIэ зэпилъэщIыхьырт, итIанэ игъэпскIырт. 3. Сыт хуэдиз псалъэ гуапэкIэ ар абы и тхьэкIумэм иIущащэрэт. 4. ЗыщIэ щыIэкъым и псэм пищI и шым абы жриIахэр зищIысымрэ зыхуэдизымрэ! 5. Зейм хуэпэж Алъп абы и ужь икIыртэкъым, пщыр хъушэм щыкIуа уахътыхэм, къызэрилъагъуу гуфIэу щыщырт, фIалъэкIэ щIыр къритхъурт. 6. МащIэу зэрефийуэ е и Iэгур зэрызэтригъауэу Амыщ деж къажэрт. 7. Зи пкъыр мыкIыхь дыдэ, къыууэ зи пщэр гъэша, зи пэр щIыбыкъуэ, зи нэгу губзыгъэ – апхуэдэт Амыщ и уанэшыр. 8. «АдыгэлIым и ныбэ егъэныкъуэри и шым и ныбэ ирегъэкъу» жыхуаIэрати, зэи къэхъуакъым, и шыр имыгъашхэу, ар езыр Iэнэ щыпэрытIысхьа. 9. Алъп япэ псы ткIуэпс щызыIуигъэхуаи къыхуихуакъым. 10. Абы нэхъ къыхуэпэжи ныбжьэгъу иIакъым. 11. Зэгуэр, Псыжь зэпрыкIауэ, къэзакъышэм ар уанэгум ирихат. 12. Кърихри щыхупIэм щыхуащ, псы цIыкIу гуэрым и къуэбэкъум дэхуэу. 13. Амыщ и гупым зауэ гуащIэ иращIылIат къэзакъ плъырхэм. 14. Куэдрэ къалъыхъуащ гупым я пашэр, ауэ ягъуэтыжакъым. 15. Къэзакъхэм дэIэпыкъуэгъу къащыIэрыхьэм мыхэр къикIуэтын хуей хъуащ. 16. ЗэгъуэкI ихуа нэужь, еплъмэ, ишри бзэхат. 17. «Тесам ещхьу арии биишэм ихьащ» - жаIащ гупым. 18. Ауэ Алъп псэут. 19. Псыхъуэм зыщигъэпщкIури, гупыр къыщIэзыгъэIахэр лъэныкъуэ езыжа нэужь, шым псыIэрышэм и нэпкъ лъагэм ех лъагъуэ къигъуэтри, лъэгум дыхьащ, и уанэгу исар къилъыхъуэжщ, бгъурыгъуалъхьэщ, зыщихъуэм, етIыркъыурэ зыкъригъэщIэжри зэпрыууэ уанэгум къригъэгъуэлъхьэжащ. 20. Гупым япэ ихуэу къуажэм къэсыжащ Алъп, зыкъэзымыщIэжа пщыр къихьыжри. 21. Амыщ и зекIуэгъухэм къагъэзэжа нэужь, яш хъыжьэ къызэщIэплъахэр пщым и куэбжэпэм деж къыщыжьэдакъуащ икIи хъыбар гуауэ къыздэзыхьа зекIуэлIхэр, хабзэм тету, бжэIупэм Iухьащ, я щхьэр къыфIэхуауэ.

    22. Ахэр къэзылъэгъуа унэIутым, пырхъуэм къытохьэри, жеIэ:

    23. –Дотэ нэхур къэкIуэжащ. 24. Ди гъунэгъу къуажэм къикIа Iэзэр абы йоIэзэ. 25. Шыбгъэрыуэ ищIу, бийм я шырэ я лIырэ мащIэрэ зэтриудакъым, Амыщ кIэрахъуэ къытезыгъэпса е сэшхуэ къытезышэщIа мащIэ абы дзэкIэ ифыщIакъым. 26. Мис апхуэдэт мы жылэм щагъэхъу щолэхъухэр. 27. Адрей къуажэхэми апхуэдэт. 28. Къэбэрдей уэркъхэм апхуэдэшт зэрашэр. 29. Арауи къыщIэкIынт «Адыгэшрэ лIыбэшэчрэ» щIыжаIэр, адыгэшуудзэм къытекIуэ щIыщымыIэр. (Вэрокъуэ В.).

    ТЕКСТЫМ ЩIЫГЪУ ЛЭЖЬЫГЪЭХЭР


    1. Iухьэри, имыгъашхэу, унэIутыр, укъэкIуэжа псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпыудын : 1у-хьэ-ри, и-мы-гъа-шхэу,у-нэ-1у-тым, у-къэ-к1уэ-жа


    2. 20-28-нэ псалъэухахэм хэт жьы хъуа псалъэхэр къыхэфтхыкI: пщы, зек1уэл1, унэ1ут, Дотэнэху, шыбгъэрыуэ, щолэхъу, уэркъ.
    3. ЗэгъуэкI ихуа нэужь псалъэхэр сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэу къигъэсэбэпа авторым: и закъуэ хъуа нэужь, зэман и1э хъуа нэужь, хуит хъуа нэужь.
    4. 3-нэ псалъэухам хэт иIущащэрэт псалъэм синоним къыхуэфхь: ихъуцацэрт
    5. 16- 21-нэ псалъэухахэм хэт фразеологизмхэр къыхэтхыкIын: зэгъуэк1 ихуа нэужь, лъэныкъуэ езыжа нэужь, хъыжьэ къызэщ1эплъар, я щхьэр къыф1эхуауэ.

    6.Текстым псалъэжь хэтмэ, къыхэфтхыкI: « Адыгэшрэ л1ыбэшэчрэ», « Адыгэл1ым и ныбэ хуегъэныкъуэри и шым и ныбэ ирегъэкъу».
    7.Текстым хэт щыIэцIэ унейхэр къыхэфтхыкI: Амыщ, Алъп, Псыжь, Къэбэрдей.
    8. 19-нэ псалъэухам хэт мы псалъэхэр зыщыщ псалъэ лъэпкъыгъуэр вгъэбелджылы: нэужь-союз, и- еигъэ ц1эп., , ех-зэлэжь прич., исахэр-зэлэжьприч., къилъыхъуэжщ-глагол, етIыркъыурэ-дееприч._,зэпрыууэ-наречие .
    9.11-нэ псалъэухам хэт ирихат глаголым щхьэ дапщэ иIэ? Зы щхьэ
    10. 13-нэ псалъэухам зэкIуныгъэ зэпхыкIэ зиIэ псалъэзэпхахэр къыхэфтхыкI: зауэ гуащ1э, къэзакъ плъырхэм,
    11. Лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ адыгэлIымрэ адыгэшымрэ я зэхущытыкIэр къызэрыщыгъэлъэгъуар и тегъэщIапIэу сочиненэ фтхы.

    Адыгэ лъэпкъым шыр ижь - ижьыж лъандэрэ къыдогъуэгурык1уэ. Шыр я лъым хэтт, ар я гъащ1эм быдэу епхат. Адыгэл1ыр и шым сыт щыгъуи хуэсакът, пщ1э хуищ1т. Зэман, 1уэхугъуэ гугъу, хэплъэгъуэ щихуам и дежи и ныбэ игъэныкъуэурэ и шыр игъэмэжал1этэкъым, зыхуэныкъуэр къыхуигъуэтт, зыхуей хуигъазэу щытащ. Адыгэр и шым сыт щыгъуи и къуэшым хуэдэу бгъэдэтащ, ар зэхэзыщ1э шыхэри ещхьыркъабзэу къабгъэдэтыжт, шууейхэр ук1ып1эм къранэртэкъым.

    Къызыщыбгъэхъуну гугъущ адыгэл1ымрэ адыгэшымрэ щхьэхуэу, зырызу, сыт щхьэк1э жып1эмэ, ахэр пхузык1эрымычыну зэпхат, зэпыщ1ат, адыгэр абы тесу зауэ куэдым щызэуащ, и лъэпкъыр, и Хэкужьыр, и унагъуэр ихъумэжащ, и л1ыгъэр иригъэунэхуащ. Адыгэм ди блэк1ар, л1ыгъэр ди1энутэкъым, адыгэшыр къыддэмыгъуэгурык1уауэ щытамэ. Адыгэл1ымрэ шымрэ я зэхущытык1эр ди литературэм и тхыгъэ куэдым къыщыхощыж. К1эщ1у жып1эмэ, мащ1экъым ахэм ятетхыхьар.
    Абы къыхэк1ыу адыгэбзэми псалъэ зыбжанэ хэтщ "шы" псалъэр пыту: къуэш, шыпхъу, шынэхъыжь, шынэхъыщ1э, шыщхьэмыгъазэ, нэгъуэщ1хэри. Аращи, ди къуэшыф1хэ, тефлъхьэ фи шыхэм уанэр, фи шыхэм къуэш хуэдэу фыбгъэдэт, фызэрыгъэпэж, лей къытевмыгъэхьэ, минк1э вгъэбагъуэ. Шыр псэущхьэ дахэщ, угъурлыщ, ф1ыгъуэ, насып, дахагъэ къыдок1уэ.


    написать администратору сайта