Главная страница
Навигация по странице:

  • ПСАЛЪЭР ЗЭРЫЗЭХЭТЫМРЭ ПСАЛЪЭ КЪЭХЪУКIЭМРЭ ЩРАГЪЭДЖКIЭ, КЪАГЪЭСЭБЭП МЕТОДХЭМРЭ ЩIЫКIЭХЭМРЭ.

  • 2.1 основн.тенд в словобр.. Основные тенденции в словообразовательной системе кабардиночеркесского языка (2 ч.) Псалъэ къэхъукIэмрэ псалъэр зэрызэхэтымрэ


    Скачать 37.47 Kb.
    НазваниеОсновные тенденции в словообразовательной системе кабардиночеркесского языка (2 ч.) Псалъэ къэхъукIэмрэ псалъэр зэрызэхэтымрэ
    Дата01.10.2022
    Размер37.47 Kb.
    Формат файлаdocx
    Имя файла2.1 основн.тенд в словобр..docx
    ТипДокументы
    #708113

    Основные тенденции в словообразовательной системе кабардино-черкесского языка (2 ч.)

    Псалъэ къэхъукIэмрэ псалъэр зэрызэхэтымрэ

    Псалъэ къэхъукIэмрэ псалъэр зэрызэхэтымрэ ящIэным мыхьэнэшхуэ иIэщ грамматикэр джынымкIи орфографием елэжьынымкIи. Зи псалъэпкъыр къыхэщIыкIа псалъэхэм я къэкIуэкIэр тэмэму ящIэнукъым, псалъэр зэрызэхэтыр еджакIуэхэм ямыщIэмэ. Псалъэр зэрызэхэтыр тэмэму ямыщIэнырщ къызыхэкIыр псалъэхэр мыпхуэдэу ирахьэкIыныр: ит-хащ, иб-жащ… Псалъэм и ехьэкIыкIэ хабзэхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI куэдми дыщрохьэлIэ тэмэму тхэныр псалъэр зэрызэхэт мыхьэнэ зиIэ Iыхьэхэр щIэным епхауэ къыщыкIуэ. Апхуэдэхэщ псалъэ лъабжъэр, псалъэпкъыр къыхэгъэкIыфыным епхахэр: псалъэшхуэ, псэлъэкIэ, псалъалъэ; хыхьэ, хэхьэ псалъэхэм къыхэгъэщауэ къыщыкIуэ орфограммэхэр.

    Псалъэр зэрызэхэтыр ящIэн щIыхуейр, дауикI, цIыкIухэр щыуагъэншэу тхэным и закъуэкъым, атIэ псалъэр зэрызэхэтымрэ псалъэ къэхъукIэ, формэ къэхъукIэхэмрэ фIыуэ ямыщIэмэ, еджакIуэхэм бзэм и хабзэхэр нэсу ящIэу къэплъытэ хъунукъым. «Псалъэр зэрызэхэт» разделыр яджыным къыхэкIыу, еджакIуэхэм къащIэн хуейщ мыхьэнэ зиIэ Iыхьэхэр пыувыкIэрэ зы псалъэм нэгъуэщI псалъэщIэ къызэрытекIыр. Абы еджакIуэхэм яригъэлъагъунущ адыгэбзэм и словарнэ къулеягъыр.

    Зыщыгъэгъупщэн хуейкъым псалъэхэм щыщу зыбжанэм я къыхэмыщIыкIа псалъэпкъ къудейр къапщтэмэ, ар мыхьэнэ къызэрыкI псалъэу зэрыщымытыр. Псалъэ къэхъукIэр щригъэджкIэ, япэ щIыкIэ къэщтэн хуейхэр зэрызэхэт Iыхьэхэр тыншу къыхэбгъэбелджылыкI хъу псалъэхэрщ, зи къыхэмыщIыкIа псалъэпкъри псалъэ ирикъущ.

    Псалъэр зэрызэхэтыр джыным щIадзэ псалъэм щыщ Iыхьэу мыхьэнэ зиIэхэр джынымкIэ. Мы Iуэхугъуэр щаджкIэ, зыщыгъэгъупщэн хуейкъым псалъэр зэрызэхэтым теухуа гурыIуэгъуэ щхьэхуэхэр еджакIуэхэм пэщIэдзэ классхэм къыщыщIауэ зэрыщытыр. Дызытепсэлъыхь темэр щаджкIэ, еджакIуэхэм къащIэн хуейщ псалъэхэм щыщ зыбжанэр мыхьэнэ зиIэ Iыхьэурэ зэрызэхэтыр. Апхуэдэ мыхьэнэхэм щыщу зыр нэхъыщхьэщ. Дрей Iыхьэхэм а мыхьэнэр яхъуэж е нэгъуэщI мыхьэнэщIэ гуэр ирагъэгъуэт. Ахэр егъэщIэным къыдэкIуэу еджакIуэхэм нэсу ягурыгъэIуэн хуейщ псалъэр Iыхьэурэ (псалъэпкъ, лъабжьэ, префикс, суффикс, уIэух жыхуэтIэхэм хуэдэурэ) гуэшыныр зэлъытар мыхьэнэр ару зэрыщытыр, мыхьэнэ зиIэм фIэкIа, мыхьэнэ зимыIэхэр псалъэм морфологическэ Iыхьэу къызэрыхэдмыгъэкIыр. А къащIахэр еджакIуэхэм щапхъэ зэпкърахкIэрэ нэхъри IупщI ящыщIын икIи я щхьэм ирегъэубыдэн хуейщ. Апхуэдэу зэпкърахыну тэрэзыр зи къыхэмыщIыкIа псалъэпкъри псалъэ ирикъуу, мыхьэнэщIэ езыгъэгъуэт Iыхьэхэри абы нэрылъагъуу пыбгъэувэ хъууэ къакIуэхэрщ: шыгъу – шыгъулъэ, лажьэ – лэжьэгъу.

    КъыкIэлъыкIуэу ядж кIэуххэмрэ зэхъуэкIа зэрыхъу суффикс, префиксхэмрэ.

    КIэуххэр щаджкIэ, еджакIуэхэм Iэмал имыIэу нэсукъагурыгъэIуэн хуейщ мы къэкIуэну Iуэхугъуэхэр: а) кIухыр мыхьэнэ къызэрыкI псалъэ Iыхьэу зэрыщытыр ; б) кIэуххэр псалъэкIэм пыувэу зэрыщытыр; в) а кIэуххэм зэрызахъуэжыр; г) къалэну кIэуххэм яIэр псалъэхэм яку дэлъ зэпхыныгъэр къэгъэлъэгъуэныр ару зэрыщытыр.

    КIэуххэм къакIэлъыкIуэу ядж зэхъуэкIа зэрыхъу префиксхэр.

    А префиксхэм щыщу нэхъыщхьэу яджыр псалъэхэм яку дэлъ зэпхыныгъэ къэзыгъэлъагъуэхэрщ. Апхуэдэхэщ щхьэ, бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэхэр. Мыбыхэм я щапхъэу къахь щхьэ префиксхэр. ИкIи щхьэ цIэпапщIэхэу къэкIуа пкъыгъуэхэм щхьэ префикс зыпыт нэгъуэщI пкъыгъуэхэр щхьэрэ бжыгъэрэкIэ зэрекIур ебгъэлъагъукIэрэ тыншу къагурыбгъэIуэфынущ щхьэ, бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэ префиксхэм я къалэн нэхъыщхьэр: Сэ с-тхащ; Уэ п-тхащ.

    ЗэхъуэкIа зэрыхъу префиксхэм хэту ядж зэман къэзыгъэлъагъуэ префиксхэр. Зэман къэзыгъэлъагъуэ префиксхэми къагъэлъагъуэр зэхущытыкIэщ, ауэ ар псалъэхэм я зэхущытыкIэкъым, атIэ Iуэхугъуэр зэманым зэрыхущытырщ. А префиксхэр къахэгъэбелджылыкIын хуейщ псалъэхэр зэзыпх префиксхэм.

    ЗэхъуэкIа зэрыхъу суффиксхэр щаджкIэ, псом япэу гулъытэ зыхуэщIын хуейр езы зэхъуэкIа зэрыхъу суффиксхэм я мыхьэнэр еджакIуэхэм тэрэзу къагурыгъэIуэнырщ.

    ЗэхъуэкIа зэрыхъу Iыхьэхэр яджа нэужь, щIадзэ «Псалъэпкъыр» темэр джыным.

    Псом япэу еджакIуэхэм егъэщIэн хуейр псалъэм ипкъ жыхуэтIэрщ. Ар егъэщIэныр тынш къещI псалъэпкъым хэмыхьэхэр (кIэуххэмрэ зэхъуэкIа зэрыхъу префикс, суффиксхэмрэ) яджауэ зэрыщытым. Псалъэпкъыр къагъуэтын папщIэ, еджакIуэхэм кIэуххэр, псалъэм зэхъуэкIа зэрыхъу префиксхэмрэ суффиксхэмрэ пагъэкI. Адрей къанэрщ псалъэпкъыр: [сы]щыпсэу[а] къуажэр.

    ЕджакIуэхэм егъэщIэн хуейщ псалъэм и лексическэ мыхьэнэр къэзыIуатэр псалъэпкъыр ару зэрыщытыр. Псалъэпкъыр къэгъуэтын папщIэ, япэ щIыкIэ къэщтапхъэр падеж кIэуххэм фIэкIа къызыхэмыгъэкIын хуей псалъэхэрщ: къупщхьэ-р, къупщхьэ-м, къупщхьэ-мкIэ, къупщхьэ-рауэ. Абы и ужькIэ къэщтэн хуейщ префикс, суффиксхэр зыхэт псалъэхэр.

    ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, мы темэри щаджкIэ, япэ щIыкIэ зэпкърахыну къэпщтапхъэр зи псалъэпкъ кудейр я закъуэу (нэгъуэщI Iыхьэ гуэрхэр япымыту) къэбгъэсэбэп хъухэрщ. ЗэхъуэкIа зэрыхъу префикс зыбжанэр псалъэпкъым щыщ префиксым хэпхъауэ къэкIуэнкIэ зэрыхъунур щегъэлъагъупхъэр еджакIуэхэр псалъэпкъым щыщ префиксхэм щыгъуазэ хъуа нэужькIэщ. Псалъэпкъым щыщ Iыхьэхэм (лъабжьэм, суффиксым, префиксым) щыгъэгъуэзэныр зэрыщIадзапхъэр псалъэпкъыр езыхэр гупитIу зэрыдгуэшыр еджакIуэхэм къагурыгъэIуэнымкIэщ. Абы щыгъуэми тэмэму ягурыгъэIуэн хуейщ къыхэщIыкIа, къыхэмыщIыкIа псалъэпкъхэр. Префиксрэ суффиксрэ зыхэмыт псалъэпкъым къыхэмыщIыкIакIэ йоджэ: унэ, унэ-р; префиксрэ суффиксрэ зыхэт псалъэпкъым къыхащIыкIакIэ йоджэ: унэ-щхуэ, хуэ-лажьэ, дэ-лажьэ.

    Псалъэпкъ къыхэмыщIыкIа, къыхэщIыкIахэм я правилэхэр еджакIуэхэм тэмэму къащыгурымыIуэ куэдрэ къохъу. Ар къызыхэкIыр псалъэ, псалъэпкъ жыхуэтIэ мыхьэнэхэр зэрызэхагъэзырыхьщ, псалъэ хэтынуIэ хъу префикс, суффикс псори псалъэпкъэми хэту къазэрыщыхъурщ. ЕджакIуэхэм гу лъегъатэн хуещй псалъэм хэт префикс, суффиксхэм щыщ зыбжанэр псалъэпкъым хэмыхьэнкIэ зэрыхъум. А гупсысэр еджакIуэхэм гурыгъэIуа хъун папщIэ, япэ щIыкIэ зэпкърыхыпхъэр нэхъ щапхъэ тыншырщ. Апхуэдэ щапхъэхэщ слъагъур, плъагъум, тлъагъур, флъагъум.а псалъэхэм хэтщ щхьэ префикс с-, п-, т-, ф-. Ауэ а щхьэ префиксхэр псалъэпкъым хыхьэркъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, къэдгъэлъэгъуа псалъэхэм я псалъэпкъыр къыхэмыщIыкIащ. Абы къыкIэлъыкIуэу еджакIуэхэм ягу къэгъэкIыжын хуейщ зэман зыгъэлъагъуэ префикс, суффиксхэри псалъэпкъым зэрыхэмыхьэр (з-лэжь-а-р, с-тхы-нур, с-о-джэгу, с-о-лъэщI).

    Псалъэпкъ къыхэщIыкIахэр щаригъэджкIэ, егъэджакIуэм еджакуэхэм гу лъаригъэтэн хуейщ, псалъэпкъым хыхьэ префикс, суффикс псалъэм хэтын зэрыхуейм. Абы щыгъуэми еджакIуэхэм егъэлъагъун псалъэпкъым хэмыхьэ префикс, суффиксхэм къагъэлъагъуэ мыхьэнэр щхьэм, бжыгъэм, зэманым, нэгъуэщIхэми зэрахущытыр армэ, псалъэпкъым хыхьэхэм псалъэм и мыхьэнэр зэрызэрахъуэкIыпэр е мыхьэнэщIэ гуэр зэрыхалъхьэр: лIы – лIыгъэ, унэ – унэшхуэ. Япэ щапхъэм суффикс –гъэ-м мыхьэнэр зэрихъуэкIыпащ, етIуанэм хэт суффикс –шхуэ-м мыхьэнэр зэрихъуэкIыпэркъым, атIэ нэгъуэщI мыхьэнэ хилъхьэу аращ.

    Псалъэм къиIуатэ мыхьэнэр щхьэм, бжыгъэм, зэманым зэрахущытхэр къэзыгъэлъагъуэ префикс, суффиксхэм псалъэщIэ къагъэхъуркъым, атIэ а зы псалъэм и формэ зыбжанэ къагъэхъуу арщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, слъагъур, плъэгъуам, флъагъунурауэ, жыхуэтIэхэр зэхуэмыдэ псалъищу къэплъытэ хъунукъым, ахэр къызэрылъытэн хуейр а зы псалъэ дыдэм и къэкIуэкIэ, формэ зэхуэмыдэхэущ.

    Псалъэпкъым хыхьэ префикс, суффиусхэм псалъэщIэ къагъэхъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лIы, лIыгъэ жыхуэтIэхэр зы псалъэм и къакIуэкIэ (формэ) зэхуэмыдэхэу къэплъытэ хъунукъым, ахэр къызэрылъытэн хуейр а зы лъабжьэ зиIэ зэхуэмыдэ псалъитIущ.

    Зы псалъэм и формэр хъуэжыныгъэмрэ абы нэгъуэщI псалъэщIэ къытехъукIынымрэ теухуауэ еджакIуэхэм ягъуэта щIэныгъэр зэхуэмыдэ псалъитIущ.

    Зы псалъэм и формэр хъуэжыныгъэмрэ абы нэгъуэщI псалъэзэхуэмыдэ зэпкърыхыныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ гъэбыдэн хуейщ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэщ мы къэкIуэнухэр:

    а) а зы псалъэм и формэм еджакIуэм ихъуэжын;

    б) а зы псалъэм нэгъуэщI псалъэщIэ зыбжанэ къытегъэхъукIын;

    в) а зы псалъэм и формэхэмрэ зэлъабжьэгъу псалъэхэмрэ зэхэтхыкIын, нэгъуэщIхэри.

    Школым зэрыщеджэ тхылъым псалъэ къэхъукIэхэр мыпхуэдэу зэщхьэщегъэкI: I) къызытехъукI псалъэпкъым суффикс щыпыувэ; 2) къызытехъукI псалъэпкъым префикс щыпыувэ; 3) къызытехъукI псалъэпкъым зэуэ префикси суффикси щыпыувэ; 4) псалъэпкъитI е нэхъыбэ щызэхыхьэ.

    Псалъэм и къэхъукIэр тэмэму къагурыIуэн папщIэ, еджакIуэхэм Iэмал имыIэу егъэщIэн хуейщ къызыхэщIыкIа псалъэпкъкIэ зэджэмрэ абы и къэкIуэкIэхэмрэ.

    КъызыхэщIыкIа псалъэпкъкIэ зэджэр префикс е суффикс пыувыкIэрэ нэгъуэщI псалъэщIэ къызытехъукIырщ. Псалъэм папщIэ, унэшхуэ жыхуэтIэр къыхэщIыкIа псалъэпкъзиIэ псалъэщ. А псалъэпкъыр къызыхэщIыкIар унэ жыхуэтIэ Iыхьэрщ. Унэшхуэ псалъэм и лъабжьэри къызыхэщIыкIа псалъэпкъри зыщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а псалъэр къызыхэщIыкIар езыр къыхэмыщIыкIа псалъэпкъщ (къыхэмыщIыкIа псалъэпкъымрэ лъабжьэмрэ сыт щыгъуи зыщ). КъызыхэщIыкIа псалъэпкъыр езыр къыхэщIыкIауэ щытынкIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, мыунэшхуэ жыхуэтIэр къыхэщIыкIа псалъэпкъ зиIэ псалъэм къыхэщIыкIыжащ. Ар еджакIуэхэм тэмэму ягурыIуэн хуейщ.

    ЕджакIуэхэм нэхъ къегугъуэкIхэм щыщщ къызытехъукI псалъэпкъым зэуэ префикси суффикси щыпыувэр (ешалIэ, етIуанэ), сыту жыпIэмэ дэтхэнэ зы псалъэу псалъэпкъым щыщ префиксрэ суффиксрэ зыхэтыр апхуэдэ щIыкIэкIэкъэхъуауэ къафIощI.

    Префиксрэ суффиксрэ зэдыпыувэу къэхъуа псалъэхэр щрагъэджкIэ, псом нэхърэ нэхъыщхьэр а тIум языр къэтмэ, дызыхуей мыхьэнэр абы къызэримыкIыжырщ. Псалъэм папщIэ, е префиксымрэ кI суффиксымрэ шэ лъабжьэм зэрыпыдгъэувэу къэхъуа ешэкI псалъэм префикс е-р пыдгъэкIрэ суффикс кI-р къыпыднэтэмэ (шэкI), е суффиус кI-р пыдмыгъэувэу префикс е-м и закъуэ пыту къэпхьмэ (ешэ), мыхьэнэ гуэр къызэрыкI псалъэ псэудэу хъужыркъым. Мыбы ебгъэщхь хъунукъым, къапщтэмэ, префикс мы-рэ суффикс ншэ-рэ зыпыт мыакъылыншэ псалъэр. Сыту жыпIэмэ мыбдежым акъыл псалъэм суффикс –ншэ пыувэныгъэмкIэ къэхъуащ акъылыншэ псалъэр. Мы иужьрей псалъэм префикс мы- пыувэныгъэмкIэ къэхъуащ мыакъылыншэ псалъэр. Апхуэдэу щыщыткIэ, мыакъылыншэ псалъэр къэхъуащ акъылыншэ жыхуэтIэм префикс пыувэныгъэмкIэ.

    ЛъабжьэкIэ зэджэр щагуригъаIуэкIэ, егъэджакIуэм и къалэнщ лъабжьэр псалъэ зэлъэпкъэгъухэм мыхьэнэ нэхъыщхьэр къикIыу зэдыхэт Iыхьэу зэрыщытым и мызакъуэу, ар а псалъэ зэлъэпкъэгъкхэм я къежьапIэу, къызытехъукIа Iыхьэу зэрыщытри ягуригъэIуэну. Абы и ужькIэ нэхъ тынш хъунущ зэлъэпкъэгъу псалъэхэмрэ зи макъ зэхэтыкIэкIэ зэхуэдэ, ауэ зэмылъэпкъэгъу псалъэхэмрэ зэхэгъэкIыныр: I) хьын, къэхьын, хуэхьын; 2) блы, блыпкъ, блын.

    Псалъэ къызэрыхъу префиксхэр щаджкIэ, еджакIуэхэм гулъытэ хуегъэщIын хуейщ а префиксхэр псалъэ лъабжьэм и пэкIэ щыту, а лъабжьэм мыхьэнэщIэ хэзылъхьэу къызэрыкIуэм щIыгъуу, ахэр Iэмал имыIэу псалъэпкъым зэрыщыщми.

    Япэ щIыкIэ еджакIуэхэр зэгъэлэжьыпхъэр зы префикс закъуэ фIэкIа къызыщымыкIуэ псалъэпкъхэрщ. Абы щыгъуэми, лъабжьэр зи щхьэ хущыт псалъэу щытын хуейщ: кIуэ, накIуэ, къакIуэ. ИужькIэ къахуэхьын хуейщ псалъэ къызэрыхъу префиксу тIу е нэхъыбэ зыпыт псалъэпкъхэри: щыхуэлажьэ, къыпэув.

    Мы темэр джыным епхауэ еджакIуэхэм ирагъащIэ префикс р-м и пыувэкIэм теухуа тхыкIэ хабзэр, нэгъуэщIу жыпIэмэпрефикс р-м ипэкIэ макъзешэ ы зэрамытхыр. Мыбы и тхыкIэм еджакIуэхэр щапхъэ зэхуэмыдэхэмкIэ хуэгъэсэн хуейщ.

    Префикс р-р ещанэ щхьэм ит псалъэм куэдрэ къызэрыщыкIуэм щхьэкIэ, ар ещанэ щхьэм и префиксу щыжраIэ куэдрэ ухуозэ. Ар тэмэмкъым. Р-р косвеннэ объект зыгъэлъагъуэ е-префиксым и къэкIуэкIэ зэхуэмыдэхэм щыщ зыуэ куэдрэ дрохьэлIэ. Апхуэдэ къэкIуэныгъэр къэзышэр фонетическэ увыпIэрщ. ЕгъэджакIуэм гу лъитэн хуейщ р-м мыхьэнэ зэхуэмыдэ зыбжанэ иIэнкIэ зэрыхъунум, икIи ар щыуагъэкIэ еджакIуэхэм пхэнжу ягуригъэIуэным зыщихъумэн хуейщ.

    Псалъэ къызэрыхъу суффиксхэр щригъэджкIи, егъэджакIуэхэм еджакIуэхэм гулъытэ хуригъэщIын хуейщ а суффиксхэр псалъэ лъабжьэм и ужькIэ уву, а лъабжьэм мыхьэнэщIэ халъхьэу къызэрыкIуэм щIыгъуу, ахэр псалъэпкъым зэрыщыщми. Мы псалъэ Iыхьэхэри япэ щIыкIэ зыщегъэлъагъун хуейр зы суффикс фIэкIа зыхэмыт псалъэпкъырщ, иужькIэ егъэлэжьын хуейщ зы суффикс фIэкIа зыхэмыт псалъэпкъырщ, иужькIэ егъэлэжьын хуейщ суффикситI е нэхъыбэ зыхэт псалъэпкъхэми.

    Псалъэпкъым и Iыхьэхэр джын яуха нэужь, нэхъри убгъуауэ ядж езы псалъэпкъхэм я къэкIуэкIэр. Ар зэраджыр практическэкIэ здагъэлажьэм бзэм и хабзэ щхьэхуэхэм гу лърагъатэурэщ.

    ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ зэгуэрым къыхэщIыкIа псалъэпкъ зиIэу щыта псалъэм и псалъэпкъыр иджырей адыгэбзэм къыхэмыщIыкIам щыхуэкIуэнкIэ зэрыхъунум еджакIуэхэм яжеIэным. КъыхэщIыкIа псалъэпкъым и гуэгъу къыхэмыщIыкIа псалъэпкъыр псалъэ щхьэхуэу бзэм хэмытыжмэ е къыхэщIыкIа псалъэпкъыр абы (къыхэмыщIыкIа псалъэпкъым) мыхьэнэкIэ пэIэщIэ хъуамэ,апхуэдэр иджырей бзэм къызэрыщылъэтын хуейр къыхэмыщIыкIа псалъэпкъ зиIэ псалъэ хъуауэщ. Псалъэм папщIэ, дыгъуасэ псалъэм историческэкIэ деплъыжмэ, мыхьэнэ нэхъыщхьэр къызэрыкIыу щытар дыгъуэ жыхуэтIэ Iыхьэрщ, сэ-р суффиксу къакIуэу щытыщ. Зэман гуэрым псалъэпкъ къыхэщIыкIауэ ар зэрыщытам щыхьэт тохъуэ сэ-р и мыгъусэу дыгъуэ жыхуэтIэ Iыхьэр иджырей адыгэбзэм къызэрыщыкIуэр: дыгъуэпшыхь. Ауэ сэ жыхуэтIэм мыхьэнэ гуэр иIэу иджырей бзэм къыщыдгурыIуэркъым, дыгъуэ Iыхьэри и закъуэу ди бзэм псалъэ щхьэхуэу хэтыжкъым. Апхуэдэу щыщыткIэ дыгъуасэ жыхуэтIэ псалъэр иджырей адыгэбзэм псалъэпкъ къыхэмыщIыкIа зиIэу къыщылъытэн хуейщ.

    Псалъэпкъ къыхэщIыкIауэ щытыр къыхэмыщIыкIа хъуауэ къэлъытэн хуейщ, иджырей бзэм псалъэ щхьэхуэу хэт псалъэпкъ гуэгъум ар мыхьэнэкIэ пэIэщIэ хъуауэ щытмэ. Апхуэдэхэщ суффикс жьей-кIэ къыхэщIыкIа шынакъжьей, кхъуафэжьей, шэнтжьей псалъэхэр. Мыбыхэм я псалъэпкъхэр къызыхэщIыкIа шынакъ, кхъуафэ, шэнт жыхуэтIэхэр иджыри ди бзэм псалъэ щхьэхуэу хэтщ.

    Мы псалъэхэм хэт шынакъ, кхъуафэ, шэнт Iыхьэхэр зи гугъу шынакъ, кхъуафэ, шэнт псалъэхэм пэIэщэ хъуа къудейкъым, атIэ, абыхэм япыт жьей-ми цIыкIуагъ мыхьэнэ къиIуэтэжыркъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, шэнтжьей жыхуэтIэм къикIыр шэнт цIыкIу жиIэу аракъым. Езым иджырей адыгэбзэм лъабжьэрэ суффиксу щызэхэбгъэкI хъунукъым.

    Жьей Iыхьэр псалъэм суффикс къыхагъэкIынуми къыхамыгъэкIынуми зэлъытар зэрызэпкърах щIыкIэрщ. Зэпкърыхыныгъэр тIу мэхъу этимологическэрэ грамматическэрэ.

    Этимологическэ зэпкърыхыныгъэм къалэну къегъэув зэпкърах псалъэм апэм япэм иIа морфологическэ зэхэтыкIэр къэхутэныр, зи мыхьэнэр зэфIэкIуэду нэгъуэщI морфемэ гуэрым хыхьэжа Iыхьэхэр гъэбелджылыныр.

    Псалъэм папщIэ, Iэщ жыхуэтIэ псалъэр зэгуэр лъабжьитIу зэхэту щытауэ къыдолъытэ: Iэ – иджырей бзэм Iэщ жыхуэтIэмкIэ къыщытIуатэ мыхьэнэр къызэрыкIыу щытар, щ – иджырей бзэм хъубжапхъэ жыхуэтIэмкIэ къыщытIуатэ мыхьэнэр къызэрыкIыу щытар. Ар къыдохутэ, зы лъэныкъуэкIэ, Iэщ, Iэхъур, Iэфэ, Iэбгъэ, Iэпхъуамбэ псалъэхэр зэтлъыткIэрэ Iэ-м и мыхьэнэр дгъэбелджылынымкIэ; етIуанэ лъэныкъуэкIэ, Iэщ псалъэм хэт щ-мрэ пхуэщын (Тхьэм пхуэщын къыуитыж) псалъэм хэт щ-мрэ зэлъэтыныгъэмкIэ.

    Этимологическэ зэпкъырыхыныгъэ зыщедгъэкIуэкI псалъэхэм япэм яIа морфологическэ зэхэтыкIэр тэмэму къэхутэным папщIэ къилъэпкъэгъу бзэхэм захуэгъэзэн хуей щыхъу куэдрэ урохьэлIэ. апхуэдэу нэхъыбэрэ щыхъур псалъэм япэм иIа макъ зэхэтыкIэр щихъуэжырщ. Псалъэм папщIэ, хьэлъэ, пщампIэ, гъэупщIыIун псалъэхэм япэм яIа зэхэтыкIэр гугъуехьыншэу къыдохутэж, дыгеибзэм а псалъэхэр къызэрыщыкIуэм деплъмэ: хьылъэ (пхьыну куэд), пшъапIэ (пщэпIэ е пщапIэ), гъэучъыIын (гъэущIыIын, щIыIэ щIын).

    Псалъэр зэрызэхэтымкIэ екIуэкI лэжьыгъэм щIыгъуу еджакIуэхэм лексикэмкIи ядэлэжьэн хуейщ. Абы папщIэ егъэджакIуэм и къалэнщ:

    а) еджакIуэхэм къагъэсэбэп псалъэхэм я мыхьэнэр гурыIуэгъуэ ящищIыну;

    б) зэпкърахпсалъэр мыхьэнэкIэ зэпэщIагъэувэн, зрагъэпщэн псалъэ псынщIэу къыхахыфу игъэсэнхэу.

    НэгъуэщIыбзэм къыхэкIыу къыхыхьа псалъэхэм я псалъэпкъыр къыхэщIыкIауэ ди бзэм къыщылъытэн хуей щыхъуи щыIэщ. Апхуэдэу щыхъур къызыхэщIыкIа Iыхьэри псалъэ щхьэхуэу къыхыхьауэ, къызэрыхэщIыкIа Iыхьэми и мыхьэнэр ди бзэм щынэрылъагъуу щытмэщ. Псалъэм папщIэ, народнэ, пионерскэ жыхуэтIэ псалъэхэр къызыхэщIыкIа народ, пионер жыхуэтIэхэр ди бзэм щхьэхуэу къыхыхьащ, -нэ, -скэ суффиксхэм я мыхьэнэри ди бзэм щынэрылъагъущ (абыхэм я сэбэпкIэ щыIэцIэм къытокIри плъыфэцIэ къохъу. Апхуэду щыщыткIэ мы псалъэхэркъызэрылъытэнхуейрпсалъэпкъ къыхэщIыкIа зиIэущ.

    Къыхыхьа псалъэхэм щыщу псалъэпкъ къыхэщIыкIа зиIэу ди бзэм къыщылъытапхъэхэр курыт еджапIэм щызэпкърегъэхын хуейщ. Хуэзыгъэхьэзыр лэжьыгъэ егъэджакIуэм ядригъэкIуэкIауэ щытмэ, апхуэдэ щапхъэхэр зэпкърыхыныр еджакIуэхэм гугъу къащыхъунукъым.

    Псалъэхэм къаIууатэ мыхьэнэр IупщIу къагурыIэу а псалъэр зыпэщIагъэувэн, зрагъэпщэн нэгъуэщIпсалъэ псынщIэу къагъуэтыфу егъэсэным папщIэ, егъэджакIуэм лэжьыгъэшхуэ илэжьын хуейщ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэщ зэпкърахыну псалъэхэм я мыхьэнэр яжриIэныр, хуей щыхъум псалъэхэр словарым иригъэтхыныр, псалъэхэр историчекэкIэ къызытехъукIамрэ къызэрыхъуа щIыкIэхэмрэ яхутепсэлъыхьыныр, зэлъабжьэгъу псалъэхэр морфологическэ анализ щIыныр, нэгъуэщIхэри. А лэжьыгъэ псоми къыхэгъэбелджылыкIын хуейщ псалъэхэр мыхьэнэ зиIэ Iыхьэхэурэ зэпкърыхыныр.

    МорфологическэкIэ щызэпкъырытхкIэ, Iыхьэхэу къыхэдгъэбелджылыкIыр иджырейбзэм и псалъэммыхьэнэ щызиIэхэрщ. Зимыхьэнэ кIуэдахэр Iыхьэу къыхагъэкIыжыркъым. Зэпкърыхыныгъэр зэхуэмыдэ лэжьыгъэ зыбжанэм тещIыхьауэ ирагъэкIэкI:

    а) лъабжьэр къэгъуэтын, и мыхьэнэри къэгъэлъэгъуэн;

    б) а лъабжьэм нэгъуэщI псалъэ къытегъэхъукIын, абы щыгъуэми къызэрыхэщIыкIа префиксым е суффиксым мыхьэнэр щихъуэжыпэмрэ мыхьэнэщIэ гуэр щыхилъхьэмрэ къэгъэлъэгъуэн;

    в) а псалъэхэр псалъэухам къыщыгъэсэбэпын;

    г) псалъэ зэлъэпкъэгъухэм я лъабжьэр къэгъуэтын;

    д) зи IукIэ зэхуэдэ лъабжьэхэм къатекIа зэмылъабжьэгъу псалъэхэр зэхэгъэкIын;

    е) псалъэ гуэрым и лъабжьэхэр тхыгъэм къыхэтхыкIын;

    ж) а зы суффиксымкIэ е префиксымкIэ къэхъуа псалъэхэр тхыгъэм къыхэтхыкIын;

    з) суффикс е префикскIэ лъабжьэхэм псалъэщIэ къатегъэхъукIын;

    и) префикси суффикси зэуэ пыгъэувэурэ псалъэщIэ къэгъэхъун, нэгъуэщIхэри.

    Псалъэр зэрызэхэтыр щаджкIэ, гулъытэ нэс хуэщIын хуейщ псалъэпкъ зэхэлъ зиIэ псалъэхэм. Дызэрыщыгъуазэщи, псалъэпкъ зэхэлъкIэ дызэджэр лъабжьитIу е нэхъыбэу зэхэлъырщ. Апхуэдэ псалъэпкъхэр щаджкIэ, еджакIуэхэм гу лъегъэтэн хуейщ а псалъэхэм мыхьэнэр къызэраIуатэ щIыкIэм. Апхуэдэ псалъэхэм мыхьэнэхэр къызэраIуатэр зэхуэдэкъым. Псалъэм папщIэ, псалъэ зэхэлъ кхъухьлъатэ жыхуэтIэм къиIуатэр предмет нэрылъагъу дыдэм и фIэщыгъэцIэщ. Мэкъумэш, джэдкъаз жыхуэтIэхэм къызэщIэзыубыдэ мыхьэнэ яIэщ, абыхэм къагъэлъагъуэр къызыхэщIыкIа лъабжьэхэм къаIуатэ мыхьэнэхэм я закъуэкъым. А мыхьэнэхэм еджакIэхэр щагъэгъуазэ.

    Гулъытэ хуэщIын хуейщ псалъэ зэхэлъхэм хэт Iыхьэхэм я зэхущытыкIэмрэ (зэлъэпкъэгъу, определительнэ) а псалъэ зэхэлъхэм я къэхъукIэмрэ. Псалъэпкъ зэхэлъ зиIэ псалъэхэр префикс, суффиксхэмкIэ къыхэщIыкIам ирилъыткIэрэ, егъэджакIуэм егъэджакIуэхэм нэхъри куууэ ягуригъэIуэфIынущ префикс, суффиксхэр псалъэм къызэрыщхьэщыкIыр. Псалъэпкъ зэхэлъым хэт лъабжьэхэр бзэм псалъэ щхьэхуэхэу къыщокIуэ, суффик, префиксхэр псалъэ ирикъуркъым (абыхэм я гуэгъу псалъэ бзэм хэткъым). Псалъэм папщIэ, джэдкъаз псалъэм хэт джэд, къаз лъабжьэхэр бзэм псалъэ щхьэхуэу къыщокIуэ. Аращ псалъэпкъ къыхэщIыкIа зиIэм ар къызэрыщхьэщыкIыр.

    Псалъэпкъзэхэлъыр къыхэщIыкIам хуэкIуэжыныр еджакIуэхэм егъэлъэгъуным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы бзэм и зыужьыкIэмкIэ еджакIуэхэм ягъуэта щIэныгъэм хигъэхъуэнущ. Ауэ суффиксыр е префиксыр зэгуэр псалъэу зэрыщытар къахутэн хуейуэ еджакIуэхэм лэжьыгъэ епт хъунукъым. Ар курыт еджапIэм щIэс еджакIуэхэр зыпэмылъэщын лэжьыгъэщ.

    Псалъэр мыхьэнэ зиIэ Iыхьэурэ зэпкърыхыныр бзэр джынымкIэ екIуэкI нэхъ лэжьыгъэ гугъухэм щыщщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, а лэжьыгъэр екIуэкIын хуейщ грамматикэр щадж лъэхъэнэ псом къриубыдэу. 8-9-нэ классхэм щызэпкърахыну етыпхъэр нэхъ щапхъэ гугъухэрщ.

    Псалъэм и мылъабжьэгъу омоним иIэнкIэ зэрыхъум хуэдэ дыдэу, префикс, суффиксхэми омоним яIэнкIэ хъунщ. Суффикс омонимхэм зы къежьапIэ яIэуи къежьапIэ зэхуэмыдэ яIэуи къэкIуэнкIэ хъунщ. Псалъэм папщIэ, бгъэдэлъыныгъэ къэзыгъэлъагъуэ суффикс –ей-мрэ (дэ-дей, бжэ-бжей) еигъэ къэзыгъэлъагъуэ –ей-мрэ (псалъэкIэ- псалъэкIей, шхэкIэ- шхэкIей) я къэпсэлъыкIэр зэхуэдэщ, зэхуэомонимхэщ. Ауэ а тIур мыхьэнэкIэ зэрызэщхьэщыкIым хуэдэу, къежьапIэкIи зэхуэдэкъым.

    Псалъэм и лъэпкъыгъухэр щаджкIэ екIуэкIыпхъэ лэжьыгъэхэм щыщ зыщ псалъэр зэрызэхэт IыхьэмкIэ зэпкърихыныр.

    Апхуэдэ зэпкърыхыныгъэр Iэмал имыIэу екIуэкIын хуейщ яджа псалъэ лъэпкъыгъуэм (щыIэцIэм, нэгъуэщIхэри) я къэхъукIэм теухуауэ ягъуэта щIэныгъэхэр зэрагъэбыдэ лэжьыгъэу. Апхуэдэ зэпкърыхыныгъэр зэрекIуэкIын хуейр «Псалъэр зэрызэхэт» разделыр щаджкIэ зэрекIуэкIым хуэдэщ.

    Адрей псалъэ лъэпкъыгъуэхэм глаголыр зэхэлъыкIэкIэ къащхьэщокI. Глаголыр джын яуха нэужь, абы и къэхъукIэм теухуауэ екIуэкI грамматическэ зэпкърыхыныгъэм и къалэнщ псалъэ къэхъукIэмрэ формэ къэхъукIэмрэ теухуауэ еджакIуэхэм ягъуэта щIэныгъэм нэхъри зригъэубгъуну.

    Глаголым и темэ щхьэхуэхэр джыным щIыгъуу екIуэкI грамматическэ зэпкърыхыныгъэм къалэну иIэнкIэ хъунут глагол псалъэр зэрызэхэт IыхьэхэмкIэ зэпкърыхыныр. Псалъэм папщIэ, глаголым и спряженэр джыным щIыгъуу екIуэкI лэжьыгъэм къалэну иIэнкIэ хъунущ спряженэм и суффикс, префиксхэр глагол псалъэм къыхигъэбелджылыкIыу, абыхэм щыщ дэтхэнэ зыми игъэзащIэ къалэныр къигъэлъэгъуэныр.

    ПСАЛЪЭР ЗЭРЫЗЭХЭТЫМРЭ ПСАЛЪЭ КЪЭХЪУКIЭМРЭ ЩРАГЪЭДЖКIЭ, КЪАГЪЭСЭБЭП МЕТОДХЭМРЭ ЩIЫКIЭХЭМРЭ.

    Псалъэ къэхъукIэр щаджкIэ, къагъэсэбэп метод нэхъыщхьэхэщ мы къэкIуэнухэр: егъэджакIуэм и псалъэр, беседэр, кIэлъыплъыныгъэмрэ анализ щIынымрэ, езыр-езыругъэлэжьэныр, нэгъуэщIхэри.

    КъызыхащIыкI псалъэпкъымрэ псалъэмрэ, мыхьэнэ зиIэ Iыхьэхэм псалъэ къызэрагъэхъу щIыкIэ зэхуэмыдэхэм, псалъэркъызэрыхъуа щIыкIэкIэ зэпкърыхыным теухуауэ еджакIуэхэм щIэныгъэ зэрырагъэгъуэт метод нэхъыщхьэхэм щыщщ егъэджакIуэм и псалъэр. ЕджакIуэхэм я ныбжь елъытакIэ, егъэджакIуэм къызэрезэгъынум хуэдэу яжреIэ псалъэр зэрызэхэтымрэ псалъэ къэхъукIэмрэ теухуауэ Iуэхугъуэ гуэрхэр.

    Зэлэжьым дегъэхьэхын папщIэ, псалъэр зэрызэхэт елъытауэ щызэпкъригъэхкIэ, егъэджакIуэм еджакIуэхэм яжреIэ префикс, суффиксхэм я мыхьэнэхэм епха Iуэхугъухэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, префикс, суффиксхэм щыщу зыбжанэр зыгуэр псалъэу зэрыщытар яжеIэныр, и щапхъэ егъэлъагъуныр. Абы щыгъуэм а морфемэхэр гуэгъу зыхуэхъуу бзэм хэт псалъэхэр къащтэри зэрырагъэлъыт. Апхуэдэщ кIуэгъуэ, лэжьэгъуэ жыхуэтIэхэм хэт –гъуэ суффиксыр игъуэ псалъэм ирыригъэлъыткIэрэ а суффиксхэри зэгуэр псалъэу зэрыщытар ягуригъэIуэныр. Ар дыдэм хуэдэщ щIыпIэ, лэжьапIэ псалъэхэм япыт –пIэ суффиксыр пIэ псалъэм иригъэлъытынри.

    Абы щIыгъууи егъэджакIуэм еджакIуэхэм яжреIэ префиксхэмрэ суффиксхэмрэ щыщу нэхъыбэм бзэм псалъэ гуэгъу зэрыщамыIэжыр, езыхэми я щхьэ хущытыныгъэр яфIэкIуэдыпэу псалъэ Iыхьэ къудейуэ къызэрынар.

    Беседэ методыр егъэджакIуэм къегъэсэбэп, еджакIуэхэм япэм яджар тегъэщIапIэ, хэкIыпIэ зыхуэхъу Iуэхугъуэхэр щаригъэджкIэ. Мы методыр къигъэсэбэпкIэрэ еджакIуэхэр упщIэхэмкIэ ирешалIэ псалъэ зэхэтыкIэмрэ псалъэ къэхъукIэмрэ ятеухуа Iуэхугъуэхэр къагурыIуэным. А упщIэхэр гуп зыбжанэу бгуэш хъунущ: хуезыгъаджэ, зэкIэлъыкIуэкIэр убзыхун къалэн къэзыгъэув, къызэрытрагъэзэж, къызэрызэщIакъуэж, къызэрапщытэж, нэгъуэщIхэри.

    ГурыIуэгъуэщIэ гуэрхэм щыщагъэгъуазэкIэ, егъэджакIуэм игъэув упщIэм и къалэн нэхъыщхьэр а ирагъащIэр зэрагъэбелджылауэ щыта определенэр еджакIуэхэм тэмэму къыжегъэIэжынырщ. Абы и мурадщ еджакIуэхэм правилэхэр пэжу къыжаIэжыфу иригъэсэну, я гуми нэхъ ираубыдэф ищIыну. Апхуэдэу, псалъэм папщIэ, иратынкIэ хъунущ «Псалъэпкъым щыщ Iыхьэу лъабжьэм и пэкIэ щытым сыт зэреджэр? УпщIэм хуэдэ, нэгъуэщIхэри. УпщIэм щыщ Iыхьэу жэуапым къыщагъэсэбэпын хуейм еджакIуэхэм гу лърагъатэри, мыпхуэдэу жэуап кърагъэт: «Псалъэпкъым щыщ Iыхьэу лъабжьэу и пэкIэ щыту къакIэм префикскIэ йоджэ». Мы упщIэ гъэувыкIэр къыщагъэсэбэпыр IуэхугъуэщIэр джын щыщIадзэм дедж. Джын яухар къризэщIакъуэжын папщIэ ират упщIэм мыпхуэдэ ухуэкIэ иIэнкIэ хъунущ:

    « Сыт префикскIэ зэджэр?» Мы упщIэм жэуап нэхъ етыгъуейщ, ауэ блэкIа лэжьыгъэхэмкIэ еджакIуэхэр абы хуигъэхьэзыращи, арщ апхуэдэу еупщIынкIэ щIэхъур.

    КIэлъыплъыныгъэмрэ зэпкърыхыныгъэмрэ нэгъуэщI методхэм щIыгъуу урок псоми къыщагъэсэбэп. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр псалъэм еджакIуэхэр зэхэщIыкI яIэу хущыту, зыхуеину морфемэхэр къыхагъэбелджылыкIыфу, я мыхьэнэр къахутэфу, лъабжьэхэм я макъ зэхэтыкIэхэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэм кIэлъыплъыфу, псалъэм и Iыхьэм я мыхьэнэм зэхъуэкIыныгъэ зэрагъуэтыр къалъэгъуфу, къыхэщIыкIа, къызыхэщIыкIа псалъэпкъхэм я зэпыщIэкIэр къагурыIуэу, морфемэхэр къызэрапсэлъымрэ зэратхымрэ зэтемыхуэнкIэ зэрыхъур ящIэу, зэхуэдэ зэхэлъыкIэ зиIэ псалъэхэм я ухуэкIэ хабзэр къахутэфу егъэсэнырщ.Апхуэдиз есэныгъэр еджакIуэхэм зэуэ ягъуэтыркъым. Абы лэжьыгъэшхуэ токIуадэ, анализ, синтез, зэлъытэныгъэ, зыр нэгъуэщIкIэ хъуэжыныгъэ, Iуэхугъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэхуэдэу яхэлъыр е зэлъэпкъэгъухэм зэхуэмыдэу яIэхэр гъэбелджылын, гупсысэ нэхъыщхьэми ешэлIэным пIалъэ кIыхьым къриубыдэу хуегъэджэн къалэн къегъэув. Псалъэ къэхъукIэм щыхурагъаджэ дэтхэнэ зы лъэхъэнэми мыхьэнэшхуэ иIэщ нэрылъагъугъэ къэгъэсэбэпыным. Псалъэм папщIэ, суффикс пэувэрэкIэ псалъэщIэ къызэрагъэхъуриригъэджын щыщIидзэкIэ, егъэджакIуэм доскам зэтету къахуритхэу еджакIуэхэр кIэлъигъэплъ хъунущ мы псалъэхэм:

    мэз унэ

    мэзышхуэ унагъуэ

    Абы щIыгъууи упщIэ игъэув хъунущ мыпхуэдэу: Я мыхьэнэрэ ухуэкIэрэкIэ мы псалъэхэм сыт зэхуэдэу яIэ, сыткIи зэщхьэщыкIрэ? ПсалъэщIэхэр дауэкъэхъуа?

    Езыр-езыру гъэлэжьэным къалэну къегъэув псалъэр зэрызэхэтымрэ псалъэ къэхъукIэмрэ теухуа лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр еджакIуэхэм егъэгъэзэщIэныр (лъабжьэр щIегъэтхъэныр, псалъэ лъабжьэм дэгъэхуа хьэрфхэр дегъэгъэувэжыныр, и тхыкIэри къыжегъэIэныр, префиксхэмрэ суффиксымрэ къыхегъэгъэбелджылыкIыныр, псалъэ гуэрхэм префикскIэ е суффикскIэ псалъэщIэ къатегъэхъукIыныр, нэгъуэщIхэри).

    Лэжьыгъэхэр гупсысэ хэлъу ягъэзащIэу еджакIуэхэр егъэсэным папщIэ икъукIэ сэбэпщ упщIэ-задачэкIэ зэджэр къагъэсэбэпыныр. Ахэм къызэщIаубыдэу щытын хуейщ псалъэр зэрызэхэтымрэ псалъэ къэхъукIэмрэ я Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу яджахэр, псалъэм папщIэ:

    I)псалъэр зэрызэхэт Iыхьэхэр; 2) псалъэ къэхъукIэр; 3) псалъэ къэхъукIэмрэ лексикэмрэ зэрызэпхар; 4) псалъэ зэхэлъхэр; 5) орфографием и Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр.

    Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, псалъэр зэрызэхэт IыхьэхэмкIэ зэпкърыхыныр къалэн нэхъыщхьэу къэзыгъэув мы упщIэ-задачэхэр:

    1. Мыхьэнэ зиIэ Iыхьэхэу сыт яхэт мы псалъэхэм: унафэщI, къаплъэ, лIыгъэ, кIуэгъуэ?

    2. Зэлъабжьэгъухэу пIэрэ мы къэкIуэну псалъэхэр: блы, блыпкъ, блын, лажьэншэ, лэжьэрей?

    Псалъэ къэхъукIэм езыгъэлэжьын упщIэ-задачэхэщ мы къэкIуэнухэр:

    1. Сыт хуэдэ псалъэхэм къатехъукIа, дауи къэхъуа мы къэкIуэну псалъэхэр: къакIуэ, кIуэж, екIуэталIэ?

    2. Сыт хуэдэ мы псалъэхэм я къызыхэщIыкIа псалъэпкъыр: унэ, унэшхуэ, мыунэшхуэ, дэлъху, дэлъхуншэ, мыдэлъхуншэ

    Псалъэ къэхъукIэр щрагъэджкIэ, методическэ щIыкIэ зэхуэмыдэ зыбжанэ къагъэсэбэп. Апхуэдэхэщ мы къэкIуэнухэр: псалъэр къызэрыхъуа елъытакIэ зэпкхърыхын, псалъэр зэрызэхэт Iыхьэ елъытакIэ зэпкърыхын, зэгъэпщэныгъэ, зэхъуэкIыныгъэ, къыхэгъэбелджылыныгъэ, гупурэ гуэшын, къызэщIэубыдэн, дэгъэхуар дэгъэувэжын, орфографическэ зэпкърыхыныгъэ, нэгъуэщIхэри.

    Псалъэр къызэрыхъуа елъытакIэ зэпкърыхыным къалэну къегъэув псалъэм и псалъэпкъ къыхэщIыкIар IыхьитIу зэхэгъэкIыныр: къызыхэщIыкIа псалъэпкърэ зэпкърах къыхэщIыкIа псалъэпкъыр абы къызэрытехъукIа морфемэрэ. Псалъэр къызэрыхъуа елъытакIэ зэпкърыхыныр мыпхуэдэ планкIэ ирагъэкIуэкI хабзэщ:

    1. Псалъэм и мыхьэнэр. Ар сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэм щыщ?

    2. Сыт хуэдэ нэгъуэщI псалъэм и псалъэпкъым къытекIыу къэхъуа мы псалъэр?

    3. Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ къэхъуа мы псалъэр? (Сыт хуэдэ IыхьэкIэ е нэгъуэщI псалъэ къэхъукIэ щIыкIэкIэ къэхъуа мы псалъэр?)

    Псалъэр зэрызэхэт Iыхьэ елъытакIэ зэпкърыхыным къалэну къигъэувыр псалъэм мыхьэнэ зиIэу хэт дэтхэнэ зы Iыхьэри къыхэгъэбелджыкIынырщ. Ар щытынкIэ хъунущ жьэрыIуатэуи тхыгъэкIи ирагъэлэжьу, ирикъуу е хэчыхьауэ ирагъэкIуэкIыу. Зэпкърыхыныгъэм зэкIэлъыкIуэкIэ хэха иIэ хабзэщ. Апхуэдэщ мы къэкIэнур:

    1. ЗэхъуэкIа зэрыхъу Iыхьэхэр. Абыхэм я мыхьэнэр;

    2. Псалъэпкъыр;

    3. Лъабжьэр;

    4. Псалъэпкъым щыщ префиксхэр;

    5. Псалъэпкъым щыщ суффиксхэр;

    6. КъызытехъукIа псалъэр.

    Зэгъэпщэныгъэр тещIыхьащ псалъэм и лъабжьэгъухэр къыхухэхыным. Мы щIыкIэр, псалъэм и зэхэтыкIэр щаджкIэ, куэдрэ къагъэсэбэп. Сыту жыпIэмэ, мыхьэнэ зиIэ Iыхьэхэр къыхагъэкIыну щыхуежьэкIэ, псалъэр и лъабжьэгъу нэгъуэщI псалъэ гуэрхэм ирагъэпщэн хуей мэхъу. Псалъэм папщIэ, къакIуэ псалъэм префиксыр къыхагъэкIыным папщIэ, еджакIуэхэм ар иралъыт накIуэ, кIэлъыкIуэ, хуэкIуэ, нэгъуэщIхэми.А щыкIэм тету, зэгъэпщэныгъэр епха мэхъу гупурэ гуэшынымрэ къызэщIэубыдэныгъэмрэ.

    Зэгъэпщэныгъэр куэдрэ епха мэхъу псалъэ Iыхьэхэр зэхъуэкIынми. Апхуэдэщ къыхагъэбелджылыкI псалъэ Iыхьэм и мыхьэнэр нэхъ IупщIу зыщащIым мурад яIэу ар нэгъуэщI морфемэкIэ щахъуэжыр.


    написать администратору сайта