Главная страница

2.7 .Словосоч. Псалъэ зэпхам и синтаксис


Скачать 35.77 Kb.
НазваниеПсалъэ зэпхам и синтаксис
Дата27.09.2022
Размер35.77 Kb.
Формат файлаdocx
Имя файла2.7 .Словосоч.docx
ТипДокументы
#701214

Основные тенденции в словообразовательной системе кабардино-черкесского языка

ПСАЛЪЭ ЗЭПХАМ И СИНТАКСИС.

Псалъэ зэпхамкIэ гурыIуэгъуэ.

СемантическэкIи (мыхьэнэкIи) грамматическэкIи зи я кум зэхуэщытыкIэ гуэр дэлъ псалъитIыр арщ псалъэухам щыщу псалъэзэпхакIэ зэджэр.

Псалъэ зэпхам псалъэу тIу е нэхъыбэ хэтын хуейщ.

ПсалъитIу (зыр нэхъыщхьэу,адрейр кIэрыдзэу) зэхэт псалъэ зэпхам къызэрыкIуэ псалъэ зэпхакIэ йоджэ:Жыг лъагэ, щэныфIэу зекIуэн, нартыху тесэн,пасэрей уэрэд.

Псалъэ зэпхам и кIуэцIкIэ псалъэ нэхъыщхьэм псалъэ кIэрыдзэну тIу е нэхъыбэ щIыгъумэ, апхуэдэ псалъэ зэпхам зэхэлъкIэ йоджэ: Дыгъуасэрей уэшх хуабэ,псы къабзэ щIыIэ,жыгыр фIыуэ ухъуэнщIын,пэшыр екIуу зэлъыIухын.

Псалъэ зэпхам и кIуэцIкIэ компонент нэхъыщхьэр зыхуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэм тещIыхьауэ, псалъэ зэпхахэм йоджэ:глаголыр нэхъыщхьэу зыхэтпсалъэ зэпха (кIэртIофыр къэтIыжын, дагъэкIэгъэжьа,пэшыр къэлъэсын;цIэр (щыIэцIэ, бжыгъэцIэ, плыфэцIэ)нэхъыщхьэу зыхэт псалъэ зэпха:лIы абрагъуэ, мэлпшэр,мыIэрысейуэ тху, щIалэу зы, хуабжьу сэбэп; цIэпапщIэр нэхъыщхьэу зыхэт псалъэ зэпха:сытым и, жыгхэм я(тхьэмпэр),абыхэм я…; нэхъыщхьэу наречиер зыхэт псалъэ зэпха:икъукIэ фIыуэ, хуабжьу зэкIужу,егъэлеяуэ псынщIэу; послелогыр е частицэр нэхъыщхьэу зыхэт псалъэ зэпха: Iуэхум щхьэкIэ, тхылъым папщIэ, фом нэхърэ,Мухьэмэду пIэрэ.

ПСАЛЪЭ ЗЭПХЫКIЭХЭР.

Псалъэ зэпхыкIэр лIэужьыгъуитI мэхъу: сочинительнэ зэпхыкIэр подчинительнэ зэпхыкIэрэ. ЗэпхыкIэ щIыкIитIыр зэщхьэщокI псалъэ зэпхам и кIуэцIкIэ компонентхэр зэрызэхущыт елъытакIэ: зы псалъэ нэхъыщхьэу, адрейр кIэрыдзэну щыт, хьэмэ апхуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэ щымыIэу щыт.

Сочинительнэ зэпхыкIэм деж компонентхэр зэхуэдэщ ягъэзащIэ мыхьэнэкIэ (функциекIэ), синтаксическэ конструкцэ къэгъэхъунымкIэ. Подчинительнэ зэпхыкIэм компонентхэр щызэхуэдэкъым яIэ мыхьэнэкIэ, зыр нэхъыщхьэу (стержневойуэ), адрейр кIэрыдзэну щытщ.

Сочинительнэ, подчинительнэ псалъэ зэпхыкIитIыр зэщхьэщокI зэпхыкIэIэмалхэмкIи (средствэхэмкIи), зэпхыкIэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъу щIыкIэхэмкIи. Сочинительнэ зэпхыкIэм зэпхыныгъэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъу средствэ(хэ)р зэхуэдэщ уровень зэмылIэужьыгъуэхэм дежи- псалъэ зэпхами, псалъэуха къызэрыкIуэми, псалъэуха зэхэлъми. Подчинительнэ зэпхыкIэм зэпха зэрыхъу средствэхэр, зэпхыныгъэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъур зэщхьэщокI уровень зэмылIэужьыгъуэхэм деж.

Сочинительнэ псалъэ зэпхыкIэ.

Сочинительнэ зэпхыкIэм щыгъуэ псалъэхэм яку дэлъ зэпхыныгъэр къэгъэлъэгъуа мэхъу къэпсэлъыкIэкIэ (интонациекIэ): псалъэухакъызэрыкIуэм пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэм; Зэманыр, дыгъэгуащIэр, щIыIэ ткIийр, жьыбгъэ бзаджэр мащIэрэа мывэми щхьэфэм едзэгъуакъым… (У. А.); Уэлбаналэт, щIыIэтыIэт гъатхэр; союзыншэпсалъэуха зэхэлъым: Кавказым и тенджыз Iуфэхэм къекIуалIэ бгы лъапэхэм гъэмахуэм хуабжьу щыхуабэщ, щIымахуэм абы уае егъэлея къыщыхъуркъым. (М. Скаткин). Сочинительнэ псалъэ зэпхыкIэкIэ компонентхэр зэрыхэпхар къэгъэлъэгъуа мэхъу союзкIэ, союз–суффикскIэ. Псалъэуха къызэрыкIуэм псалъэ зэпхахэр зэпищIэу: Шы емылыджхэр Iуэм аркъэнрэ къурыкъукIэ къыщаубыдырт. (КI. Т.); Гу зылъытапхъэщ падеж формант –кIэ- м и пэкIэ союз–суффикс –рэ- м къытримыгъэзэжу дэхункIэ зэрыхъум. Псалъэуха зэхэлъым:Е ар ирекIуэ, е дэ дыкIуэнщ.(КI. Т.); Абы и бгъумкIэ зэм хьэ фIыцIэ ин блэцIэфтырт, зэм хывым ещхьу домбей гуэрхэр зэблрагъэхырт. (Къ. Хь.)

Подчинительнэ псалъэ зэпхыкIэ.

Подчинительнэ псалъэ зэпхыкIэр– ар зы псалъэм (нэхъыщхьэм) адрейр грамматическэ формэкIэ IэщIэлъыныр аращ, псалъэ кIэрыдзэным иIэну формэр псалъэ нэхъыщхьэм хэлъ катигориехэм къагъэуву. ГраматическэкIэ нэхъыщхьэ псалъэр– ар и категориальнэ свойствэхэмкIэ (езым иIэ катигориехэмкIэ) псалъэ зэпхыкIэр зэхуэдэр икIи псалъэ кIэрыдзэным иIэну формэ(хэ)р къэзыгъэувыр аращ. ГраматическэкIэ псалъэ кIэрыдзэныр– ар псалъэнэхъыщхьэм епхауэ щыткIэрэ, абы и катигориехэм къагъэув формэ(хэ)р къэзыщтэр арщ.

Лексико–семантическэ щытыкIэм къыхэкIыу подчинительнэ зэпхыкIэкIэ зэпхахэр щытынкIэ хъунущ лексическэкIэ мыограниченнэу– е компонентыр нэгъуэщIпсалъэкIэ пхъуэж хъууэ, нэгъуэщI псалъэхэбгъэувэ хъууэ е лексическэкIэ ограниченнэу нэгъуэщI псалъэкIэ зэпхъуэкI мыхъуу. ГрамматическэкIэ псалъэ нэхъыщхьэри псалъэ кIэрыдзэнри щытынкIэ хъунущ лексическэкIэ мыограниченнэу е лексическэкIэ ограниченнэу.

ФормэкIэ я зэхущытыкIэм къыхэкIыу грамматическэкIэ псалъэ нэхъыщхьэмрэ грамматическэкIэ псалъэ кIэрыдзэнымрэ я кум щыIэ мэхъу мыхьэнэкIэ зэхущытыкIэ зэмылIэужьыгъуэ. Апхуэдэу къыхэбгъэкI хъунущ мы зэхущытыкIэхэр: субъектнэ, объектнэ определительнэ, обстоятельственнэ.

СубъектнэзэхущытыкIэхэм деж псалъэ кIэрыдзэным къегъэлъагъуэ псалъэ нэхъыщхьэхэм жыхуиIэ лэжьыгъэр е щытыкIэр къэзылэжьыр е зыбгъэдэлъыр.

Адыгэбзэм подлежащэмрэ сказуемэмрэ я кум зэпхыкIэ тIуащIэ, тIэуней щыIэу къэплъытэ хъунущ. Адрей бзэхэм, урысыбзэм ещхьу, сказуемэм иIэну щхьэ, бжыгъэ формэр зыхуэдэнур подлежащэм къыбгъэдэкIыу, иIыгъыу зэрыщытым имызакъуэу, подлежащэр зэрыувэну падежыр именительнэрами эргативнэрами зыгъэувыр сказуемэр арщ.

Объектнэ отношением деж грамматическэкIэ псалъэ кIэрыдзэным къегъэлъагъуэ псалъэ нэхъыщхьэм жыхуиIэ лэжьыгъэр зытехуэ предмет, зэлэжь, зэрылажьэIэмэпсымэ. Объектыр щытынкIэ хъунщ прямойуэ е косвиннэу: гъавэрIухыжын, щIыпIэр хъуэжыныгъэ, егъэджакIуэу лэжьэн.

Определительнэ зэхущытыкIэу ябж предмет къэзыгъэлъагъуэ щыIэцIэмрэ абы и щытыкIэ къэзыгъэлъагъуэ плъыфэцIэмрэ абы ещхьу причастие, бжыгъэцIэ, обстоятельственнэ падежым ит щыIэцIэ, падеж кIэух зимыIэ щыIэцIэ, эргативнэ падежым ит щыIэцIэм и щхьэ хущымыт цIэпапщIэ щIыгъуу,цIэпапщIэ, деепричастие, наречие гуэрымрэ яку дэлъ зэхущытыкIэр. Мыпхуэдэ отношением деж зыгъэбелджылы компонентыр грамматическэкIэ псалъэ кIэрыдзэнырщ.

Обстоятельственнэ зэхущытыкIэр къызыщыхъур лэжьыгъэ къызэрыкI глаголымрэ а лэжьыгъэр зэманкIэ, щIыпIэкIэ, мурадкIэ, щхьэусыгъуэкIэ,къэхъукIэкIэ зыгъэбелджылы наречие е щыIэцIэмрэ, я зэпыщIэныгъэр. Щапхъэ: къуажэм щыпсэун псынщIэу кIуэн, егугъуу лэжьэн. Компонентхэм щыщу кIэрыдзэнхэрщ обстоятельствэхэр къэзыгъэлъагъуэр. Сочинительнэ, подчинительнэ зэпхыкIэхэм псалъэуха зэхэлъми ущрохьэлIэ. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэм и кIуэцIкIэ псалъэуха къызэрыкIуэхэр зэпха мэхъу сочинительнэ зэпхыкIэкIэ, псалъэуха зэхэлъ-зэпхам псалъэуха къызэрыкIуэхэр зэпха зэрыщыхъур подчинительнэ зэпхыкIэщ.

Псалъэ зэпхахэм яку дэлъ подчинительнэ зэпхыныгъэхэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъу Iэмалхэмрэ щIыкIэхэмрэ.

Псалъэхэм я зэпхыныгъэхэр къэгъэлъэгъуа мэхъу средствэ икIи способ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ- зэпха зэрыхъу Iэмалу щыIэхэщ сегментнэ морфемэхэр- префикс, суффикс, кIэуххэр; нулевой морфемэхэр. Езы псалъэпкъым къигъэлъэгъуэнкIэ хъунущ катигориери. А катигориехэмкIэ довэр-рдэ-м зэрекIур префикс д-мкъегъэлъагъуэ.

Синтаксическэ аффиксхэр. ЗэхъуэкIа зэрыхъу аффиксэр тIууэ зэщхьэщыбгъэкI хъунущ: I) синтаксическэ аффиксэр. 2) мысинтаксическэ аффиксхэу. Синтаксическэ аффиксхэр- ахэр псалъитI зэпхам хэт компонент нэхъыщхьэм кIэрыдзэныр зэрекIу катигориер е зэригъакIуэкIэрэ зригъэувэ падежыр къэзыгъэлъагъуэ морфемэхэрщ.

Синтаксическэ аффиксхэщ: I) щхьэ префиксхэр:с-(з-), сы-; у-,уи; ды-,д-; фы-,ф-(в-,фI-);йы- (ри-); 2) косвеннэ объектым и префикс е-; 3) куэд бжыгъэм и префикс а-; 4) сказуемэм, причастием, деепричастием хэт суффикс –хэ; 5) падеж кIэух –бы, цIэпапщIэ м, ма,а, да-хэм япыувэр, -р, -м, кIэ, -уэ.

Псалъэ зэпхам и кIуэцкIэ компонентхэр зэпха зэрыхъу щIыкIэмрэ а зэпхыкIэхэр формэкIэ къэзыгъэлъагъуа зэрыхъу средствэхэмрэ елъытауэ подчинительнэ зэпхыкIэр зэщхьэщокI: екIуныгъэ, зегъэкIуэныгъэ, егъэщIылIэныгъэ.

ЕкIуныгъэ.

ЕкIуныгъэр- ар компонентхэм зэтехуэу яIэ грамматическэ катигориехэмкIэ псалъэ кIэрыдзэныр нэхъыщхьэм екIуныр арщ.

Псалъэр зэхъуэкIа хъуныгъэм- падежкIэ, бжыгъэкIэ, белджылагъэкIэ, щхьэкIэ- тещIыхьащ екIуныгъэ зэпхыкIэр.

ПадежкIэ, белджылагъкIэ, бжыгъэкIэ зэкIуныгъэ щыIэщ определительнэ комплексым. ЕкIуныгъэ зэпхыкIэм деж псалъэ нэхъыщхьэр сыт щыгъуи щыIэцIэу щыт хабзэщ. Псалъэ кIэрыдзэныр синтаксическэ мыхьэнэ зиIэ хабзэ грамматическэ классхэм (псалъэ лъэпкъыгъуэхэм) щыщын хуейщ. ПлъыфэцIэм падеж, бжыгъэ, белджилагъ катигориехэр иIэ хабзэщи, компонент кIэрыдзэну щыIэцIэм щыщIэгъум деж, а катигориехэмкIэ ар щыIэцIэм екIуа мэхъу. Щапхъэхэр: жыг щхъуантIэр, гупсысэ тэмэм, нэгъабэрей мыIэрысэхэр, джыдэ жанкIэ, унэ лъагэм, н. Апхуэдэ зэкIуныгъэ щыIэнкIэ хъунущ псалъэ кIэрыдзэныр щыIэцIэу, цIэпапщIэу, зэрабж бжыгъэцIэу, причастиеу, зэрызэкIэлъыкIуэу бжыгъэцIэу щыщытым дежи. Щапхъэхэр: псы пэгуныр, щэкI метр, къуажэдэс псори, а гупсысэхэр, ещанэ классхэр, цIыху тIощIыр, сабий жейр, узыщыпсэу унэр.

Гу лъытапхъэщ зэкIуныгъэр ирикъуу, нэсу е иримыкъуу, нэмысу щытынкIэ зэрыхъунум. Псалъэм щхьэкIэ, зэрызэкIэлъыкIуэ бжыгъэцIэр щыIэцIэм падежкIи, бжыгъэкIи, белджылагъкIи екIуу щытмэ, зэрабж бжыгъэцIэм бжыгъэ грамматическэ катигорие зэримыIэм къишэу а катигориемкIэ зэкIуныр къэтщ. Зэгъапщэ: етхуанэ курсхэм, икIи къэп пщыкIузым.

Катигорием къэгъэлъэгъуа зэрыхъу аффикс формэ щыIэнкIэ хъунущ, щымыIэнкIи хъунущ. Къапщтэмэ, закъуэ бжыгъэр щыIэцIэ, плъыфэцIэ, бжыгъэцIэ (зэрызэкIэлъыкIуэ), цIэпапщIэхэм къэгъэлъэгъуа зэрыщыхъур куэд бжыгъэм и суффикс – хэ зэрыпымытымкIэщ, е зэкъуэ бжыгъэм и формэм нулевойщ. Абы ещхьу иминительнэ, эргативнэ падежхэм падеж мыхьэнэр форманткIэ къэгъэлъэгъуа хъуркъым мыбелджылы склоненэм деж. Аффикс –р, -м-хэр белджылагъ мыхьэнэми и формэщи, мыбелджылы склоненэм деж ахэр къэтыныгъэм падеж кIэухри зыдехь: ныбжьэгъу пэж, пасэрей уэрэд. Мыбелджылы склоненэм деж куэд бжыгъэкIэ зэкIуныр щыIэкъым.

ЕкIуныгъэ зэпхыкIэ щIыIэщ подлежащэмрэ сказуемэмрэ,дополненэмрэ сказуемэмрэ дежи.

Сказуемэр подлежащэм екIуныгъэ.

Синтаксисым хабзэ щыхъуауэ щытщ сказуемэмрэ подлежащэмрэ псалъэ зэпхам и кIуэцкIэ екIуныгъэ зэпхыкIэ щыIэу къэлъытэныр. Япэ, 2-нэ щхьэхэм я щхьэ цIэпапщIэм- подлежащэу къэкIуахэм, къагъэув сказуемэми абы хуэдэ формэ игъуэтын хуейуэ. Щхьэ катигорие зиIэу щымыт щыIэцIэм е зыгъэлъагъуэ цIэпапщIэ- подлежащэм къепха глаголыр- сказуемэр 3-нэ щхьэм иувэн хуейуэ къегъэув. Абы къыбжеIэ компонентхэм щыщу подлежащэр нэхъыщхьэу зэрыувыр. Щхьэ мыхьэнэр щхьэ префикскIэ къэгъэлъэгъуа мэхъу.

Адыгэбзэм глаголым имызакъуэу, сказуемэу къэкIуа дэтхэнэ псалъэ лъэпкъыгъуэми игъуэтын хуейщ подлежащэм и формэм хуэдэ: сэ сы-пщафIэщ, уэ у-студентщ.

Сказуемэр глагол лъэмыIэсмэ, е нэгъуэщI псалъэ лъэпкъыгъуэу щытмэ, абы пыувэ хабзэкъым щхьэ къэзыгъэлъагъуэ префикс 3-нэ щхьэм деж: ар джэдыхъуэщ. Щхьэм ейуэ жаIэныр къызыхэкIыр мэ-р сказуемэм щыпыувэр ещанэ щхьэм дежщи аращ.Аффикс мэ-р динамичность катигорием ейщ. Сказуемэр подлежащэм зэрекIур мыбдеж аффиксыншэу къэгъэлъэгъуа мэхъу. Сказуемэр 3-нэ щхьэм зэритыр IупщI мэхъу мыхьэнэкIэ, щхьэ префикс зэрыпымытымкIэ, подлежащэр зыхуэдэ щхьэмкIэ.

Сказуемэр подлежащэм зэрекIур щхьэ къудейкIэкъым, атIэ абы къищтэ хабзэщ подлежащэм иIэ бжыгъэм хуэдэ. Япэ, 2-нэ щхьэ цIэпапщIэ дэ, фэ-хэм езыхэм я мыхьэнэмкIэ; щыIэцIэ, зыгъэлъагъуэ цIэпапщIэхэм суффикс –хэ-кIэ къыхощ подлежащэм и куэд мыхьэнэр. Закъуэ мыхьэнэм формэ хуохъу –хэ-р къызэрытыр. Щхьэ цIэпапщIэ сэ, уэ-хэм езыхэм закъуэ бжыгъэщ яIэр. I, 2, 3-нэ щхьэхэм сказуемэм и закъуэ е куэд бжыгъэр щхьэ префиксхэм къыбжаIэ, ахэр мыхьэнэ тIуащIэ зиIэ морфемэу щыткIэрэ: дэ жы-д-оIэ, фэ в-гъэхьэзыращ, абы и-бжэщ, сэ сы-щысщ, уэ у-оуэршэр, абы е-лэ (куэбжэр), колхозхэтхэм къып-а-ч (мыIэрысэ).

Адыгэбзэм подлежащэм щхьэкIэ, бжыгъэкIэ екIу хабзэр сказуемэм и зэкъуэкъым, атIэ субъектнэ отношение здэщыIэ псалъэ зэпхахэм причастие, деепричастие, инфинитив формэхэри подлежвщэм е (грамматическэкIэ псалъэуха щымыхъуми) а глагол формэхэм хэлъ лэжьыгъэр, щытыкIэр зыбгъэдэлъ щхьэм е предметым екIу хабзэщ. Абы къыхэкIкIэщ морфологием щыжаIауэ щIыщытыр причастие, деепричастие, инфинитивхэр щхьэкIэ, бжыгъэкIэ зэхъуэкIа хъууэ. Щапхъэ: сэ сы-щыту(сотхэ), фэ ф-тха(усэ сыкъеджащ).

НэгъуэщIу жыпIэмэ, причастнэ, деепричастнэ, инфинитив оборотхэми дыщыхуозэ компонентхэр щхьэкIэ, бжыгъэкIэ зэкIуныгъэм.

Сказуемэр дополненэм щхьэкIэ, бжыгъэкIэ екIуныгъэ.

Адыгэбзэм къыщхьэщыкIыныгъэу иIэхэм щыщщ сказуемэр дополненэми щхьэкIэ, бжыгъэкIэ екIуу зэрыщытыр. Сказуемэр дополненэм зэрекIур къэгъэлъэгъуа зэрыхъу средствэхэр (щIыкIэр) сказуемэр подлежащэм а грамматическэ катигориехэмкIэ зэрекIур къэгъэлъэгъуа зэрыхъу Iэмалхэм хуэдэщ. Дополненэм екIу хабзэр щхьэуэ тIу е нэхъыбэ зиIэ глаголу щыт сказуемэр арщ. Сказуемэр щхьэкIэ, бжыгъэкIэ йокIу прямойми (ближайщэ объектми), дополненэми, косвеннэ дополненэми: - Абы сэ сы-къицIыхурэ? – У- къецIыху. (Къ. Хь.): Дэ фэ дыны-ф-пэплъэнщ; Хабзэмрэ цIыхугъэмрэ къиубыд псори п-хуэсщIэфынщ.(КI.Т.) Мыбдеж хэтщ объектым и префиксу сы-, ды-,ф-, у-. Япэ, етIуанэ щхьэхэм (зэкъуэ бжыгъэми куэд бжыгъэми) я щхьэ цIэпапщIэу щыт дополненэхэм (прямойхэми косвеннэхэми) я щхьэ префикс сказуемэм поувэ. Дополненэр щыIэцIэу е зыгъэлъагъуэ цIэпапщIэу щытмэ (абы щыгъуэм ар ещанэ щхьэм иту къалъытэ), куэд бжыгъэм деж косвеннэ дополненэм и префикс сказуемэм поувэ морфемэ а-, закъуэ бжыгъэм деж пыувэркъым: Абы сэ губгъуэм сы-щыхуэзащ- Абыхэм сэ губгъуэм с-а-щыхуэзащ.Ар шыхэм нэхъуеиншэу и-а-хэплъэрт. Дэ артистхэм з-а-хуэдгъэзащ. Фэ художникхэм з-а-хуэвгъэзащ. Ар сурэтым еплъырт,дихьэхауэ. Сказуемэр косвеннэ дополненэм куэд бжыгъэкIэ екIуныр къутэу хуежьащ. Джэдхэм щыкъун ястащ, жаIным и пIэкIэ Джэдхэм щыкъун естащ жаIэнкIэ хъунущ. Закъуэ бжыгъэм дежи куэд бжыгъэм дежи прямой дополненэм и щхьэр, и бжыгъэр 3-нэ щхьэм къэгъэлъэгъуа зэрыщыхъур нулевой морфемэщ: Уэсымэ – щIыIэмэ псыIэм унэ кIуэцIыр зэщIищтат.(КI.Т); Хабзэмрэ цIыхугъэмрэ къиубыд псори пхуэсщIэфынщ.(КI.Т.) Мыбдеж псори дополненэм ирекIуу сегментнэ морфемэ сказуемэм пыткъым.

Куэд бжыгъэ зиIэ прямой дополненэм сказуемэр куэд бжыгъэм и суффикс –хэ-кIэ егъэкIуныр бзэм къыщозэгъ: Механизаторхэм комбайнхэр гъавэ Iухыжыным хуагъэхьэзыращ.

Гу лъыптэмэ гъэщIэгъуэнщ: косвеннэ дополненэм куэд бжыгъэм деж сказуемэр префикскIэ екIуныр щыкъутам дежи сказуемэр абы суффикс –хэ-кIэ екIуа хъууэ хуежьащ, прямой дополненэм зэрекIум ещхьу, щапхъэ: Джэдхэм Iус естащ. Егъэпщэ: Джэдхэм Iус ястащ.

Зэрытлъагъущи, 3-нэ щхьэм деж сказуемэр дополненэм Iэмал имыIэу щхьэкIэ, закъуэ бжыгъэкIэ екIуу зэрыщытым хуэдэу, куэд бжыгъэкIэ екIун хуейуэ иджырей адыгэбзэм щыткъым, бжыгъэкIэ зэкIуныгъэр нэсу щыIэкъым.

Сказуемэр щхьэкIэ, бжыгъэкIэ подлежащэм, дополненэм екIуу зэрыщытым хуэдэу, грамматическэкIэ, синтаксическэкIэ подлежащэу е дополненэу щымыт, ауэ субъектнэ синтаксическэ отношение е объектнэ отношение здэщыIэ псалъэ зэпхам, н.ж., причастнэ, деепричастнэ, инфинитив оборотхэм щыIэ хабзэщ щхьэрэ бжыгъэкIэ зэкIуныгъэр. Апхуэдэу щIыщытыр адыгэбзэм инфинитнэ глаголхэри щхьэкIэ, бжыгъэкIэ зэхъуэкIа хъу хабзэщи аращ (Уэ укъызэджа тхылъыр фIы? Фэ фыщыту дэ дытIысынкъым; Уэ сурэт пщIыфын ди гугъэщ. Сэ уэ бжесIэм егупсыс).

Иужьым жытIа зэкIуныгъэм гухьэу къэплъыта хъунщ причастием къытекIа еигъэ цIэпапщIэ и-р е ар зыхэт цIэпапщIэ си, уи, ди, фи, я-хэр предметыр зыбгъэдэлъ щхьэ цIэпапщIэм е щыIэцIэм щхьэкIэ, бжыгъэкIэ екIуныгъэр: дэ ди къуажэр фIыуэ долъагъу, шэнтым и лъакъуэхэр щIэщIыкIащ, сабийхэм я щыгъынхэр къабзэщ.

Обстоятельственнэ отношение здэщыIэ псалъэ зэпхам ущыхуэзэнущ сказуемэр ( е инфинитнэ глаголыр) щIыпIэ обстоятельствэм закъуэ е куэд бжыгъэкIэ, щхьэкIэ екIуу: Къуажэхэм къарыкIыу письмо куэд къытIэрохьэ.

ЩIыпIэ обстоятельствэр 3-нэ щхьэм хуэхъу щыIэцIэ е зыгъэлъагъуэ цIэпапщIэу щыт хабзэщ: Къуажэм лъэжьыгъэшхуэм зыщиужьат. (Къ.Хь.)

ЗегъэкIуэныгъэ.

Подчинительнэ зэпхыкIэкIэ зэпхам къыщыхъу синтаксическэ отношением ипкъ иткIэ компонент нэхъыщхьэм къыбгъэдэкIыу кIэрыдзэным иIэпхъэ падеж формэр игъуэтыным зегъэкIуэныгъэкIэ йоджэ.

ЗегъэкIуэныгъэ зэпхыкIэкIэ зэпха псалъэ зэпхам щыIэнкIэ хъунущ синтаксическэ отношение зэмылIэужьыгъуэ. Урысыбзэ грамматикэм къыхегъэкI синтаксическэ отношение нэхъыщхьищ: атрибутивнэ, объектнэ, обстоятельственнэ. Адыгэбзэм щхьэхуэу мэув еплIанэу субъектнэ отношение.

ЗезыгъакIуэ псалъэр псалъэ лъэпкъыгъуэкIэ зыхуэдэм тIещIыхьауэ зэщхьэщыбгъэкI хъунущ мыпхуэдэу: I) глаголым зэригъэкIуэныгъэ(мыбы хиубыдэу инфинитнэ глаголхэм зэрагъэкIуэкIыныгъэри); 2) цIэм зэригъэкIуэныгъэ(мыбы хиубыдэу щыIэцIэм, плъыфэцIэм, бжыгъэцIэм зэригъэкIуэныгъэри); 3) цIэпапщIэм зэригъэкIуэныгъэ; 4) наречием зэригъэкIуэныгъэ; 5) послелогым, частицэм зэригъэкIуэныгъэ.

Адыгэбзэм цIэхэр,цIэпапщIэ, причастиер псалъэухам хэмыту щытмэ, кIэух яIэкъым, япыткъым. Псалъэр псалъэпкъ «къабзэу» щытщ. Абы кIэух (р,м,кIэ,у/уэ) щигъуэтыр псалъэ зэпхарщ, псалъэухам хэува нэужьщ, зегъэкIуэныгъэ зэпхыкIэм къишэу.

Морфемэ р,м-хэм мыхьэнэ тIуащIэ яIэщи (падеж къгъэлъэгъуэн икIи белджылагъ къэгъэлъэгъуэн), падеж къыщигъэлъагъуэм деж къыщхьэщыкIыу белджылагъ къыщигъэлъагъуэм щыгъуэр р,м-хэр псалъэм игъуэтыркъым , зэпха псалъэм къриту, атIэ псалъэр жызыIэм жиIэн хуейуэ щытым къыхэкIыу белджылагъ щыIэу аращ, р,м-хэр абы щыгъуэм формообразовательнэ аффикс пэлъытэщ.
Глаголым зэригъэкIуэныгъэ.

Субъектнэ отношение здэщыIэм. Адыгэбзэм подлежащэм иIэну падеж формэр сказуемэм игъэув хабзэщ.

  1. Именительнэ падежым иувэу компонент кIэрыдзэныр: I)подлежащэр: Уэсыр бжыхъ лъабжьэм щIэкIакъым. (Щ.А.); Зэманыр хэкIуэтат.(Щ.I); 2) Причастнэ оборотым хэт субъектыр: Ныжэбэ уэ узыхэта къомым и ужькIэ нобэ псоми улъэрытетщ. ( Къ.Б.); 3)деепричастнэ оборотым хэт субъектыр: И уэздыгъэр ункIыфIарэ къуэр дияуэ ныIуощIэж. (Щ.А)

  2. Эргативнэ падежым иувэу компонент кIэрыдзэныр: I) подлежащэр: Хъыджэбзхэм былымыр темыпыIэу яху, ягъэдыд, бийм пэIэщIэ ящIу.(Къ.Хь); 2) причастнэ оборотым хэт субъектыр: Уэсэпсым ихулIа сабэ куур лъэгум щабэу щотIысэх.(КI.Т); 3) деепричастнэ оборотым хэт субъектыр: Я цеикIэхэр жьыуейм зэрихуэу, щIалэхэм лъэпэрытету загъэджэрэзырт.(КI.Т).

Объектнэ отношение здэщыIэм. Псалъэухам щигъэзащIэ функцием,зэпха компонент нэхъыщхьэм елъытауэ объектым игъуэтынущ падежиплIым ящыщ зым и формэ.

Именительнэ падежым иувэу псалъэ кIэрыдзэныр: I) ближайщэ объектыр: Мис а махуэм къэбэрдейхэм Санэхуафэр зэIуахат.

2) причастнэ оборотым хэт прямой объектыр: Ар щызэхихым, щтэIэщтаблэ хъуауэ Къербэч къэтэджащ.

3) деепричастнэ оборотым хэт прямой объектыр: Машинэр здэкIуэнум кIуащ, и шэрхъхэм псы ятIэр яутхыу.

4) эргативнэ падежым ит косвеннэ объектыр: Хьэрхуэрыгъэм и нып плъыжьыр хьэуам хуарзэу ходжэгухь.

5)эргативнэ падежым ит косвеннэ объектыр причастнэ оборотым хэту: Дэнэ щыIэ ди Iэщхэм едгъэшхыну мэкъумылэхэмрэ Iусыпхъэхэмрэ?

6) эргативнэ падежым ит косвеннэ дополненэр деепричастнэ оборотым хэту: А фэхум ипхъауэ жэм Iэхъушэ щыхъуакIуэрт.

7)послеложнэ падежым ит косвеннэ дополненэр: Мэз щхъуантIэм къыхиху акъужьхэр мэ IэфIкIэ уогъэщIэращIэр.

8) послеложнэ падежым ит косвеннэ объектыр причастнэ оборотым хэту: Письмор къэрэндащкIэ тхат.

9) послеложнэ падежым ит косвеннэ объектыр деепричастнэ оборотым хэту: Амдэхъан Хьэжыжьым емыплъу, нэбгъузкIэ плъэуэ, зызэщIикъуауэ сакъыу щытт.

I0) обстоятельственнэ падежым ит косвеннэ объектыр: Ар агроному мэлажьэ. ПщIанэ бэвыщэхэр хьэсэпэм тенджыз толъкъунуи щыпфIощI!

II) обстоятельственнэ падежым ит косвеннэ объектыр причастнэ оборотым хэту: Фэхум адэкIэ мэзым и щIэдзапIэу къыщыт мей жыгыжьитIым я кум дыгъэр нэщхъыфIэу къыдэплъырт.

I2) обстоятельственнэ падежым ит косвеннэ дополненэр деепричастнэ оборотым хэту: Геологыу лажьэу, цIыху зыбжанэ краеведческэ музейм щIэтт.

НэгъуэщI псалъэ лъэпкъыгъуэхэм зэрагъэкIуэныгъэ.

  1. ЩыIэцIэм, плъыфэцIэм, бжыгъэцIэм, цIэпапщIэм, наречием, причастием, инфинитивым, деепричастием епха псалъэ кIэрыдзэныр именительнэ падежым иувэнущ, псалъэ зэпхам я кум субъектнэ отношение щыщыIэм деж: Ар щIалэ хэщIыхьат, пIащэт.(Къ.Б.) ФIыгъуэм и тетхэр фэращ. (Щ.А.)

  2. Ищхьэ хущымыт еигъэ цIэпапщIэми зэрегъакIуэр къепха псалъэ, эргативнэ падежым ирегъэувэ щыIэцIэр, цIэпапщIэр. Дэ ди къуажэр дахэщ. ЕджакIуэм и тхалъхэр стIолым телъщ;

  3. ЗегъэкIуэныгъэ зэпхыкIэ щыIэщ послелогымрэ абы къепха псалъэмрэ дежи. Машинэр куэбжэм деж къыщыувыIащ; Абы (тхылъым) щхьэкIэ библиотекэм сыкIуэнущ. Послелог зыхэт псалъэ зэпхар обстоятельствэу хэувэ хабзэщпсалъэухам: Абы иужькIэ а щIалэ жыIэмыдаIуэр къуршым щыIэ хъупIэхэм зыми зыдишэжакъым. (КI.Т.)

  4. ЩыIэцIитI зэпхам щыщу кIэрыдзэныр обстоятельственнэ падежым иту зэпха щыхъу щыIэщ.

Апхуэдэ псалъэ зэпхар зы пкъыгъуэу щытынущ псалъэуха и кIуэцIкIэ, псалъэ нэхъыщхьэм объем къигъэлъагъуэмэ.

Псалъэ зэпхам кIэрыдзэныр щытынущ определенэу, абы къигъэлъагъуэмэ предметыр къызыхэщIыкIар.

Оъектнэ отношение щыIэу зэхущыт щыIэцIэмрэ прчастиемрэ деж щыIэцIэр обстоятельственнэ падежым иувэ хъунущ.

  1. Объектнэ отношение здэщыIэ псалъэ зэпхам щыIэцIэр послеложнэ падежым иувэ хабзэщ, плъыфэцIэм зэригъакIуэу: БэнэнкIэ лъэщт щIалэр.

  2. ЩыIэцIэ определенэр иувэу мэхъу послеложнэ падежым, абы игъэбелджылым (псалъэ нэхъыщхьэм) предметыр зыщыщыр къыщигъэлъагъуэм деж: ТуризмэмкIэ советым лэжьыгъэшхуэ ещIэ; Сату IуэхухэмкIэ министерствэм и къалэнщ цIыхухэр зэщIэупщIэ хьэпшыпхэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыныр.

  3. Послелогым епха щыIэцIэр, причастиер эргативнэ падежым йоувэ псалъэ зэпхар обстоятельствэ е дополненэ щыхъумэ псалъэухам: Шым фIыкIэ хуейм щыплъагъу зыри щыIэтэкъым.



ЕгъэщIылIэныгъэ (примыкание).

Псалъэ нэхъыщхьэм IэщIэлъу и грамматическэ къалэнымкIэ (функциемкIэ) абы формэншэу псалъэ кIэрыдзэныр епха хъуныгъэм егъэщIылIэныгъэкIэ (ещIылIэныгъэкIэ) йоджэ.

ЕгъэщIылIэныгъэкIэ епха хъу хабзэр зэхъуэкIа хъууэ щымыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэм щыщщ (наречие, частицэ е псалъэ зэхъуэкIа хъу хабзэхэм щыщми, мыбдеж (псалъэухам) щиIэ функциемрэ увыпIэмрэ къыхэкIыу (елъытауэ) зызыхъуэж мыхъу псалъэщ (щыIэцIэ, глагол псалъэ кIэрыдзэн). Щапхъэхэр: Нобэ нэхъ пасэу кIуэн хуейщ лэжьапIэм.

ПлъыфэцIэм аффикс –у/-уэ-кIэ къытекI наречиемкIэ зэджэм а формэр щигъуэтыр а псалъэ зэпхарауэ, грамматическэ функцие мыбдеж щиIэр (обстоятельствэр) арауэ къалъытэу адыгэбзэ литературэм ущыхуозэ (Елбэд Хь. У.) Абы щыгъуэм мыбдеж щыIэр зегъэкIуэныгъэ зэпхакIэщ.

Абы ещхьщ эргативнэ, послеложнэ падежхэм ит щыIэцIэу зэман къэзыгъэлъагъуэ е цIэпапщIэу наречие категорием хуэкIуэхэу къалъытэхэр (Джаурджий Хь. З.); ЩIалэхэр абдеж зэплъыжащ…(Къ.Б.)

ЩытыкIэ, зэман къэзыгъэлъагъуэ обстоятельствэ функцэр зиIэ псалъэхэр (аффикс –у/-уэ зыпыт плъыфэцIэ, эргативнэ, послеложнэ падежым ит щыIэцIэ, цIэпапщIэ) наречиеу щытмэ, зэпхыныгъэу мыбдеж щыIэр егъэщIылIэныгъэщ, икIи зэпхыкIэм къыщыхъуащ зэхъуэкIыныгъэ – зегъэкIуэныгъэр егъэщIылIэныгъэм хуэкIуащ, формант –м, -кIэ, -у/-уэ пыту псалъэр тежыхьри.

Деепричастиер, инфинитивыр зи кIэрыдзэн псалъэм епха зэрыхъум и IуэхукIэ еплъ нэхъ илъабжьэмкIэ.

Подчинительнэ псалъэ зэпхам псалъэ кIэрыдзэныр мыхьэнэкIэ мыхъумэ, формэкIэ (аффикс гуэркIэ) нэхъыщхьэм епхауэ щымыту къакIуэ. Апхуэдэ псалъэ зэпхахэм я кум определительнэ отношенэ е обстоятельственнэ отношенэ дэлъ хабзэщ: Дыща сыхьэт, гъущI куэбжэ, сабий щыгъын. Школьнэ грамматикэм абыхэм псоми доджэ «егъэщIылIэныгъэкIэ». Ауэ обстоятельствэхэм деж къезэгъыу щытми, определенэхэм деж нэхъ тэмэм хъунущ соположенэ жытIэмэ. Япэ ит щыIэцIэм падеж кIэух пымыту определенэу къыщыкIуэм деж, ар и ужь ит щыIэцIэм бгъэдэувэ хабзэщ, и ужь ит щыIэцIэм пыт падеж кIэухми и Iуэху хэлъкъам.

Гу лъытапхъэщ япэ ит щыIэцIэм определенэ къыкIэлъыкIуэнкIэ зэрыхъунум (гъущI цIынэ джыдэ, нартыху гъуэжь пIастэ) е япэ ит щыIэцIэм нэгъуэщI щыIэцIэ къыкIэлъыкIуэнкIэ зэрыхъунум (пхъэ дакъэжь мафIэ – пхъэр дакъэжьым и определенэщ, а тIури зэгъусэу мафIэм и определенэщ).

Обстоятельственнэ отношенэ щыщыIэм деж псалъэ кIэрыдзэнымкIэ нэхъщхьэмрэ я кум нэгъуэщI псалъэ дэувэ хъунущ, е нэхъыщхьэм и ужькIэ кIэрыдзэныр бгъэув хъунущ.

Зэпхыныгъэ тIуащIэ, щащIэ здэщыIэ псалъэ зэпхахэр.

ИщхьэкIэ зэрыщыжыIащи, сказуемэр щхьэкIэ подлежащэм йокIу, подлежащэр псалъэ зэпха нэхъыщхьэу щыту. Ауэ абы щIыгъуу а сказуемэ дыдэм къегъэув подлежащэр зэрытын хуейр именительнэ падежырами эргативнэ падежырами. Апхуэдэу щIыкIэкIэ, подлежащэмрэ сказуемэмрэ, нэхъыбэ къиубыду жыпIэмэ, субъектнэ отношение здэщыIэ псалъитIым я кум зэуэ зэпхыкIэ лIэужьыгъуитI щыIэщ-екIуныгъэрэ зегъэкIуэныгъэрэ: Дыгъужьхэр щызеуэрт Iэщыр щаIыгъ щIыпIэм пэгъунэгъуу. Мыбдеж подлежащэр ещанэ щхьэм итщи, сказуемэр щхьэкIэ абы йокIу; сказуемэр глагол лъэмыIэсщи, подлежащэр иминительнэ падежым ирегъэувэ. Адыгэбзэм инфинитив, причастие, деепричастиехэм глагол щытыкIэу яхэлъщ щхьэ катигориер яIэныр, абыкIэ ахэр субъектым екIуу. Абы нэмыщI, псалъэ зэпхам щаIэ грамматическэ функцэм икIи ахэр етIуанэу зэпха псалъэм зэрахущыткIэ склоненэ парадигмэри ягъуэтынкIэ хъунущ е деепричастие формэм иувэнкIэ хъунущ, формэ къэзыгъэхъу суффикс пыувэу.

Зи щхьэ хущымыт еигъэ цIэпапщIэр щхьэкIэ, бжыгъэкIэ йокIу предметыр зейр къэзыгъэлъагъуэ щхьэ цIэпапщIэм е щыIэцIэм, абы щIыгъуу езы еигъэ цIэпапщIэм а псалъэр эргативнэ падежым ирегъэувэ. А зэпхыкIитIыр здэщыIэ псалъэ зэпхар егъэщIылIэныгъэ зэпхыкIэкIэ епха мэхъу щыIэцIэм.

ЗегъэкIуэныгъэ тIуащIэ щекIуэкIыр.

ЩыIэцIэ, цIэпапщIэм послелог «деж», «нэс» щигъусэм деж, а послелогым зэрызэригъакIуэм щIыгъуу глаголым зэрызэригъакIуэу мэхъу. Псалъэм папщIэ: Къалэр щагъэкъабзэм деж абы дынэсынщ.

И щхьэ хущымыт еигъэ цIэпапщIэм и пэ къит щыIэцIэ, цIэпапщIэ абы,езы…. НэгъуэщIхэр эргативнэ падежым иувэнущ: Бжэндэхъухэм я уэрэд жьгъырухэр къраш. Мыбдеж къыбгурыIуэ хъунущ бжэндэхъухэм псалъэр я цIэпапщIэм эргативнэ падежым иригъэувэу, бжэндэхъухэм псалъэр подлежащу щыткIэрэ, къреш-м эргативнэ падежым иригъэувэу.


написать администратору сайта